КIуэкIуэ Казбек эфир занщIэкIэ цIыхухэм щепсэлъэнур шыщхьэуIум и 3-рщКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек инстаграмым щиIэ напэкIуэцIымкIэ бадзэуэгъуэм и 27-м цIыхухэм захуигъэзащ икIи яжриIащ и эфир занщIэр бадзэуэгъуэм и 29-м и пIэкIэ шыщхьэуIум и 3-м зэрагъэIэпхъуар. «Ныбжьэгъу лъапIэхэ! «Эфир занщIэм» къысхуагъэхь упщIэхэм хохъуэ. Махуэ къэс абыхэм сыхоплъэ, зыкъызэрысхуагъэза лъэIу куэдым елэжьын щIэддзакIэщ. Ахэр Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуащ: узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ, псырэ газкIэ къызэгъэпэщыным, транспортымрэ гъуэгухэмрэ. Жэуап зэтыгъуей упщIэхэри яхэтщ абыхэм, къытхуэшхыдэхэри щыIэщ, псалъэ гуапэ къытхужызыIэхэри, ди Iуэхухэр къыддэзыIыгъхэри мащIэкъым. Псоми фIыщIэ яхузощI апхуэдэу гулъытэ хуащIу Iуэхум къызэрыхыхьам папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|