Композитор Молэ Владимир и гуащIэр къалъытэным и IуэхукIэУрысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м и лауреат, Кавказ Ищхъэрэ ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм и кафедрэм и унафэщIым и къуэдзэ, профессор Гъэсашэ Наталье УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Рыбников Алексей тхыгъэ хуигъэхьащ, Собинов Леонид и цIэр зезыхьэ Саратов къэрал консерваторием къыщыдеджа, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, композитор цIэрыIуэ Молэ Владимир УФ-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщэну къагъэлъэгъуэным теухуауэ. Абы и жэуапу Рыбников Алексей Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я цIэкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхуигъэхьащ УФ-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтыр Молэ Владимир зэрыхуэфащэм щыхьэт техъуэ тхыгъэ икIи зыкъыхуигъэзащ композиторым и гуащIэм а дамыгъэ лъапIэр къыпэкIуэным хэлIыфIыхьыну. Гъэсашэ Натальерэ Рыбников Алексейрэ я тхыгъэхэм къыщыхагъэщащ зи ныбжьыр нэгъабэ илъэс 80 ирикъуа Молэ Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым и музыкэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIар, «Дахэнагъуэ» япэ адыгэ лъэпкъ оперэр, «Люська, дочь льва» сабий оперэр, «Къамботрэ Лацэрэ» оперэр и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. КъищынэмыщIауэ, Молэм Шортэн Аскэрбийрэ IутIыж Борисрэ я либреттэхэм къытрищIыкIащ «Обманутые женихи», «Заклинание» опереттэхэр, «Легенда гор» япэ балетыр, симфоние тхыгъэхэр, кантатэхэр, ораториехэр итхащ, уэрэдхэмрэ романсхэмрэ, спектакль 30-м щIигъум, фортепианэ, кларнет, накъырэ, къамылапщэ, шыкIэпшынэ, адыгэ пшынэ концертхэм макъамэхэр ящIилъхьащ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|