Хэкум зэи щыгъупщэнукъым

Нобэ КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа махуэщ

КIыщокъуэ Алим и усыгъэхэм, и роман гъуэ­зэджэхэм яубзыхуащ зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуанэщIэ техьа къэбэрдей литературэм и хэкIы­-пIэ нэхъыщхьэхэмрэ и унэтIыпIэхэмрэ. Нобэрей ди литературэм   и лъэпкъ фащэхэр, абы къы­щIэлъ гъуэгуанэм и гъэзапIэхэр зыубзыхуар КIы­щокъуэ Алимщ. ДэркIэ фIыгъуэ мы­лъытэщ Алим къызэринэкIа дэтхэнэ тхыгъэри - ахэр гъэнщIащ гуп­сысэр зыгъэ­ла­жьэ, гъащIэмрэ зэманымрэ я куупIэр зи лъаб­жьэ псалъэмакъкIэ. Тхыдэр игъэбатэми, нобэрей дунейм и шыфэлIыфэр, и зэ­хэ­лъыпIэхэр, и унэтIыпIэхэр игъэнахуэми, Алим и къалэмым цIыхум и гущIэлъа­псэм дрегъаплъэ, абы и фэм дэкIымрэ и гум щыщIэмрэ ди пащхьэ кърелъхьэ.
Алим и тхыгъэхэращ къэбэрдей литературэм и цIэр къэралым, дуней псом щызыгъэIуар. Ди литературэр зи лъабжьэр куу, зи пщIэр лъагэ художественнэ хъугъуэ­фIы­гъуэ хъуамэ, ар, псом япэрауэ, зи фIы­щIэр КIыщокъуэрщ.
Алим и цIэр зэи щыгъупщэнукъым адыгэм - апхуэдэ цIыхур уахътыншэщ. Ди лъэпкъым ар хуэупсащ нэр темыпыIэу зызыужь XX лIэщIыгъуэ хьэлъэм и гуп­сысэ жанхэмкIэ гъэнщIа, зэманым ди пащхьэ къригъэувэ упщIэхэм я нэхъ гугъу­ми жэуап зыщагъуэт тхыгъэ телъыджэхэмкIэ.
 КIыщокъуэ Алим пщIэшхуэ зиIа, цIыхугъэ лъагэрэ лIыгъэ мыкIуэщIыжрэ зыхэлъа цIыхуу щытащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ бгъэдэмыувэми, ар псоми къахэщырт и гуащIэр зэрыинымкIэ, зэрыцIыху пэжымкIэ - абыкIэ щапхъэт Алим дапщэщи.
 Къэралым хуэфащэ пщIэ къыхуищIащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэм и гуа­щIэдэкIым - Алим къыфIащащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр, ­РСФСР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ цIэ лъапIэр зэрихьащ.

 

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ