Япон усэ зыбжанэЯпон лъэпкъым и усыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу япон литературэм гуэт къудамэшхуэщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зэман кIыхькIэ японхэр китаибзэкIэ фIэкIа мытхэу щытащ, хамэбзэр къазэрытекIуэм, езыхэри Китайм и унафэм зэрыщIэтым къыхэкIыу. Нэхъ пасэу ятха усэхэр японыбзэжь жыхуаIэ тхыкIэмкIэ ятхамэ, хуэмурэ усэкIэ хабзэхэр тIууэ зэщхьэщыкIащ. Зыр китаибзэм нэхъ пэгъунэгъу «канси» жыхуиIэращ, етIуанэр – езы бзэм и лъабжьэм екIуэлIэж «вакэ» гъэпсыкIэр. «Япон усыгъэкIэ» йоджэ японыбзэкIэ тха усэхэми Японие хэгъэгум щатхахэми. Я бзэр щыдмыщIэкIэ, дэ ахэр къызэрытIэрыхьэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэщ. Литературэм дихьэххэр щыгъуэзэн хуейщ мы лъэпкъым и усыгъэр сатырищ «хокку»-хэмрэ сатыритху «танкэ»-хэу зэрызэхэтым. Ауэ а жыпхъэхэм щхьэдэх куэди щыIэщ. Япон усэ гъэпсыкIэм узэритхьэкъу Iэмалхэм язщ абы дунейм и щытыкIэмрэ усакIуэм и гурыщIэмрэ гъэщIэгъуэну, дэ дызэса европей гъэпсыкIэм емыщхьу зэрызэрипхыр, нэгум щIэкI теплъэгъуэмкIэ цIыхугум щекIуэкIыр къызэригъэлъэгъуэфыр. УсакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэм я усэхэу ди нэ къыфIэнахэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэну дыхэтащ, ауэ абыхэм я дахагъыр дэ дызэса кIэух зэгъэкIукIэм зэремылъытар уазэрыIуплъэу уолъагъу. Абы щхьэкIи нэхъ мыхьэнэншэ хъуркъым. Усэр дахэ зыщIыр усакIуэм жиIэр уи фIэщ зэрыхъурщ, фэрыщIыгъэ зэрыхэмылъырщ. Япон усыгъэм и зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Марковэ Верэ зэрыжиIауэ, «усэ гуэрхэр щыIэщ, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэбдзэкI къудейми, екIуу, зэгъэзэхуэн хуэмейуэ къанэу». Ар пэжрэ пцIырэ зэхэзыгъэкIыр, дауи, абыхэм къеджэрщ.
Орю Гэнро *** СыщыцIыкIум ныбжьэгъуу сиIа псори Иджы цIэрыIуэщ, зымыцIыху щымыIэу. Хэт щIэныгъэм Iущыгъэ къыщеулъэпхъэщ, Хэти и тхыгъэшхуэхэр зэкIэлъегъэпIащIэ. Сэрщи, жьы сохъу, зыми срищхьэпэжкъым, Ныбжьэгъухэм къысхуагъэнар бжьыхьэ уэшхым и закъуэщ. Си пщыIэм пщыхьэщхьэкIэ Iугъуэмэ щызогъэу, Жьыбгъэми шамбыр Iупхъуэхэр егъэIэуэлъауэ.
Акэми Татибанэ *** Сыту фӀыӀуэ Тхылъыжь гуэр Узыхуэза напэм деж къыщызэтепхыу, Псалъэхэм я зэхэлъхьэкӀэм Къыппэджэж псэ къыщыбгъуэтыну!
Роан Одзавэ *** ЩыӀэкъэ-тӀэ Я хэлъэтыншагъкӀэ Ефэурэ чэф зызыщӀ делэшхуэхэр, ЗэштеупӀэ гурыхьхэр къагъэнауэ, Зи бэлыхьхэр нэхъри зыгъэбагъуэхэр!
Сайгё *** Дзы усыным удехьэх уэ: «Мыр цӀыхуфӀкъым, мор щӀагъуэкъым». Ауэ щыхъукӀэ, егупсысыт: апхуэдиз хэпщӀыкӀыу дунейм уэ узищӀыс ущыгъуэзэж?
Нарихирэ Ариварэ *** «Налкъут мо удзым щылыдыр?» - жиӀэу, къыщызэупщӀым, «уэсэпсуращ ар» жесӀэжу, щхьэ а ткӀуэпсхэм садэмыбзэхарэт...
Басё *** Дзэлхэр мэбырыб... СызыгъэгуфӀэ псори кхъэм здихьаи ди Анэм. *** Бзум ибгынэжа абгъуэ... Куэдрэ сигу хигъэщӀынущ НэщӀ хъуа гъунэгъум и унэм.
Томонори *** Пшагъуэм щӀигъэна Ӏуащхьэм Щыгъагъэ гъатхэ балийхэм Сеплъыну зэи сыужэгъукъым. Уэри абыхэм уарещхьщ, Сыноплъ пэтми, ЗыпщызгъэнщӀкъым. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:17 →
Дунейхэм я щIэплъыпIэм
02.05.2024 - 12:34 →
Насыпыр сыт зэлъытар?
27.04.2024 - 19:53 →
Хъыджэбз мэкъуауэ
27.04.2024 - 11:18 →
Hapт Ермыдэ иныжьхэр зэриукIар
26.04.2024 - 17:20 →
Абазэ таурыхъхэр
|