Краснодар медалиплI кърах

«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм цIыхуипщI хэтащ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ щызауэ гупхэм я деж етIуанэ щыхъуащ Жолаев Даниялрэ (кг 75-рэ) Роменкэ Максимрэ (кг 55-рэ). Домбеякъ медалхэр къахьащ Жанакаев Арсенрэ (кг 60) Змеев Артуррэ (кг 55-рэ).

Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къэрмокъуэ Амурбэч, Мэршэнкъул Къантемыр, Будаев Казбек сымэ.

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться: