Спортым и мастер хъуащУФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъагъуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоистхэм медалищ абы къыщахьащ. Килограмми 100 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Быф Идар. Нэгъуей Темыррэ (кг 60) Къуныжь Тамерланрэ (кг 81-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Урысейм спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыфIащащ икIи Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щIалэгъуалэм ирагъэкIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну, къыщыхагъэщащ федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
|