ЗэIущIэхэр

Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм зезыгъэужь

КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къыщызэщIакъуэжащ «Маяки дружбы.

ШыщхьэуIур иухыху къыхэтхыкIыр екIуэкIынущ

Ди газетым зэрытетащи, мы мазэм и пэм щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур. Ар къызэгъэпэ­щауэ щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми.

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и II-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр.

Хэхыныгъэхэм ятеухуауэ

ШыщхьэуIум и 4-м «Вечерняя Москва» газетым и редакцэм web-семинар щекIуэкIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэм папщIэ.

«Зауэм и бынхэм» я щIыхькIэ

«Моё детство - война» урысейпсо зэпеуэр ирагъэжьащ. Абы хэтыну ирагъэблагъэ журналистхэр, тхыдэджхэр, егъэджа­кIуэхэр, щэнхабзэм и лэ­жьакIуэхэр, волонтёрхэр - Урысейм исхэмрэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэ­-                 куэ­гъухэмрэ.

Школхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыр

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэту йокIуэкI курыт школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуа­гъэхьэзырыр. ИджыкIэ школи 176-мрэ сабий IыгъыпIэу 134-мрэ къагъэ­щIэращIэ, зэлъыIуах. Къи­щынэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм къапщытэ зэ­рырагъаджэ тхылъхэмрэ щIэныгъэ-педагогикэ литературэкIэ школхэр зэрыхуэщIар.

Медицинэ Iуэхутхьэбзэр тынш мэхъу

АДЫГЕЙ. "Узыншагъэр хъумэн" лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мы махуэхэм Адыгэ Республикэм къыIэрыхьащ "Диагностика" мобильнэ зыщагъэхъуж-узыншагъэр къыщапщытэ комплекс (МЛПК).

ЩIалэгъуалэм я зэфIэкI щагъэунэху

    "Территория смысла" урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Ар мы гъэм къыщызэрагъэпэщащ Солнечногорск къалэм. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэгъуалэ гупи.
    Адрей гъэхэм хуэмыдэу, 2021 гъэм лIэужьыгъуитIу зэхэтщ форумыр. Абы и сэбэпкIэ зэхыхьэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ къыхэша хъунущ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къэунэхунущ.

Зэдэлэжьэныгъэхэр зэтраухуэ

Иджыблагъэ Къэзан щекIуэкIащ «Урысейр ислъамым и дунейщ: KazanSummit 2021» экономикэмкIэ XII-нэ дунейпсо зэхыхьэр. Ар къыщызэрагъэпэщащ «Казань Экспо» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым. 

Псоми я фейдэ зыхэлъ зэдэлэжьэныгъэ

«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэ­жьакIуэхэмрэ республикэм къы­щы­дэкI газет нэхъыщхьэхэм я уна­фэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр