ЗэIущIэхэр

Къэрал мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамилрэ щыIащ Налшык дэт «ВоенТекстильПром» промышленность псын­щIэмкIэ IуэхущIапIэм икIи хуэзащ абы и къызэгъэпэщакIуэ Атэлыкъ Аслъэн.

Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур

КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео-конференц IэмалкIэ Мэзкуу щекIуэкIа УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.

Зэманым къигъэувхэр

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым ды­гъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъ

  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къипщытащ хабзэхъумэхэм папщIэ Московскэ уэрамым щаухуэ псэупIэ унэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр.

Ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс щIыпIэм, Налшык къалэм и Московскэ уэрамым тет I2-нэ унэм деж зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар КъБР-м щыIэ МВД-м еухуэ «Жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымрэ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымрэ» федеральнэ инвестицэ программэм хыхьэу икIи республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэщIащ.

Налшык щыIэнущ IT-парк

КIуэкIуэ Казбек Санкт-Петербург щекIуэкI Дунейпсо эко­номикэ форумым щыхуэзащ Кавказ.РФ IуэхущIапIэм и гене­ральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ ХъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ (IT) парк Налшык къыщызэIуахыным епха лэжьыгъэхэр зэре­кIуэкIым. ПроектыщIэм цIыху куэд къызэщIиубыдэнущ.

ЗыгъэлъэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъухэр

XXV Дунейпсо экономикэ форумым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ «Промсвязьбанк» ПАО-мрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ. Абы щыхьэт те­хъуэ дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Промсвязьбанк» ПАО-м и унафэщI Фрадков Пётррэ.

Зэрызэдэлэжьэнур ягъэбелджылы

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 15 - 18-хэм Санкт-­Петербург къалэ щокIуэкI «ЭкономикэмкIэ къэрал зэхуаку ­форум» зыфIаща зэIущIэшхуэм и 25-нэ зэхуэсыгъуэу «ПМЭФ-2022» зи нагъыщэр. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ  щызрихьэлIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Удмурт республикэхэм я лIыщхьэхэри.

ЗэгурыIуэныгъэ щхьэпэхэр

Санкт-Петербург къалэм мы махуэхэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и лэжьыгъэм хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хуэзащ УФ-м и Правительствэм и нэIэм щIэту ла­жьэ Аналитикэ центрым и уна­фэщI Калинин Константин. Абыхэм Iэ традзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Аналитикэ центрымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым.

Турист IэнатIэм зрагъэужь

Санкт-Петербург щекIуэкI XXV Дунейпсо экономикэ форумым хэту КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Ростуризм»-м и унафэщI ­Догузовэ Заринэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэ­-защ. Ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист IэнатIэм зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.

Медицинэм и лэжьакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэрехъуэхъур

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр