Налшык щыIэнущ IT-паркКIуэкIуэ Казбек Санкт-Петербург щекIуэкI Дунейпсо экономикэ форумым щыхуэзащ Кавказ.РФ IуэхущIапIэм и генеральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ ХъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ (IT) парк Налшык къыщызэIуахыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. ПроектыщIэм цIыху куэд къызэщIиубыдэнущ. «Къытпэщылъ къалэнхэр дубзыхуащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, проектым хабзэкIэ иубыдыну увыпIэм, абы мылъкурэ Iэмэпсымэу текIуэдэнум, хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ паркымрэ цIыхухэм я цIэ-я щхьэ къэзыпщытэ центрымрэ яхухэтхыну щIыпIэм, нэгъуэщIхэми я гугъу тщIащ. А паркым къы-дигъэхъулIэнущ экономикэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэр бжыгъэр зи тегъэщIапIэ дэфтэр хъумэкIэм хуэгъэкIуэн къалэ-ныр. Абы хеубыдэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын, IT Iэмэпсымэхэм зегъэужьын, адрейхэм япедгъэуэфын IэмалыщIэхэр зэгъэпэ-щын мурадыр. Аращи щIэныгъэр зи лъабжьэ IэмэпсымэщIэхэр къэдгупсысу, ахэр тхуэщэу дыхъунущ», - щетхыж КъБР-м и Iэтащхьэм и телеграм-каналым.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|