|
ЗэIущIэхэр
30 июля, 2022 - 07:24
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысейм и МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэм и нэIэм щIэту къызэрагъэпэща фэеплъ зэпеуэр.
16 июля, 2022 - 07:23
Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ бадзэуэгъуэм и 13-м Москва щекIуэкIащ.
9 июля, 2022 - 09:09
КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Мусуков Алий. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Къуныжь МуIэед, Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ.
2 июля, 2022 - 13:33
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ «КБР-Медиа» Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэкIуэкIащ терроризмэмрэ экстремизмэмрэ зэрыпэщIэт хъыбарегъащIэ Iэмалхэм, щIалэгъуалэр мыхъумыщIагъэм димыхьэхынымкIэ СМИ-м я къалэнхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
2 июля, 2022 - 07:24
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирекрэ Москва щрагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэм зэрызрагъэужьынум, «Жилье и городская среда» лъэпкъ проектым хыхьэ федеральнэ программэхэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи коммунальнэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным епха упщIэхэм.
26 июня, 2022 - 11:41
КъБР-м и Лъэпкъ музейм ЗауэлI щIыхьымкIэ и пэшым а IуэхущIапIэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат На-куэ Феликс щратащ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр щахъумэну. Ар ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык къыхуагъэфэщащ.
25 июня, 2022 - 13:44
КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц жыпхъэм иту хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий и нэIэм щIэту екIуэкIа, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, коррупцэм пэщIэтыным, хабзэр хъумэным теухуауэ ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэхыхьэм. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министрым и къуэдзэ Корнеев Андрей, Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Новиков Андрей, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
25 июня, 2022 - 12:06
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамилрэ щыIащ Налшык дэт «ВоенТекстильПром» промышленность псынщIэмкIэ IуэхущIапIэм икIи хуэзащ абы и къызэгъэпэщакIуэ Атэлыкъ Аслъэн.
25 июня, 2022 - 12:00
КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео-конференц IэмалкIэ Мэзкуу щекIуэкIа УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.
25 июня, 2022 - 06:10
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым дыгъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
Страницы
|