Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур

КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео-конференц IэмалкIэ Мэзкуу щекIуэкIа УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.

Правительствэр и нэIэ тримыгъэкIыу кIэ­лъоплъ Урысейм хыхьэ щIыналъэхэм лъэпкъ, федеральнэ проектхэр зэрыщагъэзащIэм. Абыхэм ехьэлIа программэхэм я нэхъыбэмкIэ КъБР-р япэ итщ. Гъуэгу ухуэныгъэмрэ къалэхэм зегъэу­жьы­нымкIэ программэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр пэрыт щIыналъи 10-м хеубыдэ.
«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» проектым ипкъ иткIэ, зэрагъэпэщыжыну къалэн зыщащIыжа гъуэгу 70-м и ныкъуэм елэжьын яухакIэщ. Апхуэдэ дыдэу щIыналъэр щыпэрытщ инфраструктурэм зезыгъэужь, «Стимул» ухуэныгъэ программэр зэрагъэзащIэмкIи. Республикэм и чэзум цIыхухэм унэщIэхэр щрат. Илъэсым и кIуэцI­кIэ ятыну къалэн зыщащIыжа метр зэбгъузэнатIэ мин 520-м щыщу мазэм и пэм метр зэбгъузэнатIэ мини 150-рэ ятакIэщ. Илъэс блэкIам еплъытмэ, ар щIэгъэхуэбжьауэ къалэныр зэрагъэзащIэм и щыхьэтщ.

 

Поделиться: