ШыплIэмрэ гъуэгу жыжьэмрэ![]() Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу псым и Iуфэр зи хэщIапIэ Зеикъуэ адыгэ къуажэм дэса Чыржын Хъусин ди тхыдэм ехьэлIауэ жиIэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм язщ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуар. Дауи, мы Iуэтэжыр а лIыхъужьым хуэгъэзауэ лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэна псоми и зы къэкIуэкIэщ. Дапхуэдэу мыхъуами, ар, ди насып къикIри, тхыбзэм иригъэувэжу, «Адэжь хъыбархэр» зыфIища и тхылъым хигъэхьэну хунэсат «Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий. А хъыбарым щыщщ, тIэкIуи дгъэкIэщIауэ, адэкIи къыщытхьыр. … ЩIалэм щаущэхуатэкъым зыпIахэм къызэрамылъхуар. И адэм, еупщIыну хуитыныгъэ къыIихри, бгъэдыхьащ. Адэр щIалэм зыкъомрэ къеплъри, жиIащ: - Хьэтхыкъуэ дежщ укъыщыдгъуэтар, дунейм укъытехьа къудейуэ. Уи анэм и лъэужь дытеплъакъым. Ауэ, зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, ар кIэс тыгъэу Кърымым къыщыхутагъэнущ. … Мыхьэмэт (арат щIалэм фIащар) нэсащ Кърымым. Нехус Бахъшысэрей. Къалэ гъунэм щыт унэ цIыкIу гуэрым щекIуалIэм, ар зейр ныуэжь закъуэрэ адыгэбзэ ныкъуэу къыщIэкIащ. Фызыжьым, Нурхъан, къыжриIащ езыр зыхуэпщафIэу щыта хъаным и бейгуэл нэхъыжьым бзылъхугъэ зытIущ Адыгэ щIыналъэм къришауэ зэрыщытар. Ныуэм щIалэр къигъэгугъащ сэрейм кIуэуэ бзылъхугъэ пщафIэхэм яхэупщIыхьыну. Апхуэдэуи ищIащ. Беижьым хьэщIэ къыхуэкIуэну, жэщым ерыскъы куэду ягъэхьэзырын хуейти, Нурхъани зыхашащ дэIэпыкъуэгъуу. Iуэху мыпсынщIэм хэзэшыхьа бзылъхугъэхэр тIэкIу загъэпсэхуну щызэхэтIысхьэм, Нурхъан къеIуатэ езым теухуа хъыбарыр: хъыджэбзыжь цIыкIуу, я къуажэм и гъунэгъуу мамкъутыхьэ кIуауэ, къапхъуэтауэ зэрыщытар, абы лъандэрэ къэзылъхуаи къыдалъхуаи зэримылъэгъуар. Адрейхэми нэгъуэщI Iэджи къаIуэтэж. ПщафIэ нэхъыжьыр, КIурашэ, и щIалэгъуэм нэгъэсауэ дахэу зэрыщытар игъэнаIуэу пкъы зэкIужт, и щхьэцыр хужьыбзэу тхъуами, иджыри удэзыхьэх къару иIэт. КIурашэ гъунэгъуу къахэтIысхьэри, къахуиIуэтащ и къекIуэкIыкIар. Ар Нурхъан зылъыхъуэ дыдэр арати, и нэпсхэр къежэхыу щыс бзылъхугъэ дахэм жреIэ: - Тхьэм пхузэблих уи гукъеуэр, си хъыджэбз! НакIуэ, тIэкIу жьы зыщIедгъэхунщи, ди Iуэхум пыддзэжынщ! – жеIэри, фызыр къыщIеш. Лъэныкъуэ зыщрагъэзым, зэрызэхамыхыну: - Нэхутхьэхуу КIурашэ дахэ, уи насыпыр къыкъуэкIыж си гугъэщ! - жреIэ адыгэбзэкIэ. - Си деж уи лъыхъуакIуэу зы адыгэ щIалэ къеблэгъащи, ар, шэч хэмылъу, уи къуэращ! Нурхъан и унэ щекIуэлIэжым, щIалэм зригъэщIауэ жейрти, къигъэушакъым. Нэху зэрыщу къегъэуш. - Си щIалэ къабзэ, уи анэр хьэкъыпIэкIэ къэбгъуэтыжащ, псэущ, узыншэщ! Ныжэбэ сыбгъэдэсащ. Езым и IэкIэ ищIауэ шхыни къыпхузигъэхьащи, сэ иджыпсту къыпхуэзгъэхуэбэжынщ! – жреIэ. - Мы гъэрыпIэ щIыналъэжьым зы нанэ угъурлы исмэ, ар уэращ! СыткIэ пхуэспшыныжыфын а уэ къысхуэпщIар! - А, си щIалэ нэху! Мы угъурсызхэм сэ сахэшыпсыхьащ, иджы уи анэри яхомыгъэткIухьу яхэпшыжыфмэ, мис ар и уасэщ нобэ къэсыхукIэ сыщIэпсэуам! КъэдаIуэ адэкIэ, си псэр зышхын! Беижьым хьэщIэ къыхуэкIуауэ, псори зэрызохьэ. Пщэдей абы и пщIантIэшхуэм шурылъэс щагъэджэгунущи, мис абы кIуэ! Уи анэр бейгуэл нэхъыщхьэм и хуэIухуэщIэ цIыхухэр зытрагъэувэ хабзэ пырхъуэ лъахъшэм тетынущ, адыгэ фащэ щыгърэ лодан хужьыбзи еубгъуэкIыжауэ. Ар уи псэмкIи къэпцIыхунущ! Убгъэдолъадэ къыбопхъуатэри – адэкIэ уи лIыгъэмрэ уи шым и шыгъэмрэ къызэрихьщ! – къыжреIэр щIалэм Нурхъан. Нанэм зэхэщIа гуэр къретри, ирегъафэ. ЩIалэр жей пщIыхьэпIэншэм хелъафэ. Къыщыушыжам пщэдджыжьыпэт. Апхуэдизу зигъэпсэхуати, бгым я нэхъ быдэр икъутэну къигъэгугъэрт. И Iэпкълъэпкъыр зэригъэкIщ, и бэчкъан алащэр игъашхэщ, илъэщIщ, уанапIэри и лъащхьэхэри хуищIэу хуиIуэтри, зыкъомрэ IумпIэкIэ къришэкIа нэужьщ уанэр щытрилъхьар. Шы зызыгъэпсэхуар идыдыкIыу джэгурт, Мыхьэмэт бгъэкIэ къеныкъуэкъурт, тепыIэжыртэкъым. Езыми зызэщIикъуэжащ. Фызыжьым гу лъимытэу, щхьэнтэ щIагъым дыжьын ахъшэ изу зы чысэ къыщIинэри къыщIэкIащ. Ныуэжь угъурлым IэплIэ гуапэ хуещIыж, дунейм тетыху IэфIу и гум зэрилъынур жреIэри… Шурылъэс здекIуэкIыну пщIантIэшхуэр къэгъуэтыгъуейтэкъым, цIыхухэр абыкIэт здэкIуэри. КъэIуащ накъырэ макъыр. Ар шурылъэсыр хуит зыщIт. ПщIантIэшхуэм и хъуреягъыр къатитIу зэтет теувапIэхэмкIэ къещIэкIат. Нэхъ лъагэу Iэтауэ, егъэлеяуэ гъэщIэрэщIа шордакъым тIэтIэжу къытест хэгъэреймрэ хьэщIэмрэ. ЦIыху къызэрыгуэкIхэр зытет пырхъуэ лъахъшэмкIэ зэрыплъэу, абыкIэ щызэхэт псоми къахэщу къилъэгъуащ лодан хужь екIупсу зытелъ бзылъхугъэ уардэу псэкIэ къыхуэгуIэу зыкъэзышийр. Шууеигъэм щынэсым, и шы IурыщIэм и ныбэпххэр щIикъузэщ, хъуреижэкIэ иутIыпщри, здэхьэмкIэм шы ныбэмкIэ щIэпщащ, уанэгум къихутэжри, уанэ къуапитIым тету зэ къижыхьащ. Шым и кIэм нэхъ къыIэщIэмынэу зыпегъэхури зрегъэлъэф, къыщолъэтыжри шым зыкъытредзэж, шыпщэм дотIысхьэ, лъэныкъуитIымкIи зэрызэ къолъэтэх, долъеиж. И анэр псэкIэ къыхуеIэу къыкIэлъыплъырт мы дунеижьым гугъапIэу щиIэж закъуэм. Абы псэхупIэ къритыртэкъым гущIэгъуи Iулыджи зимыIэхэм и щIалэр къела зэрыхъунум зэрегупсысым. «Черкес аскер, черкес аскер!» - жаIэурэ, цIыхухэр зэрыгъэгуо щыхъум: - Зыхъумэ, си щIалэ! – жиIэри, Мыхьэмэт и анэр къэджащ. Макъ псыгъуэ пIащэжьыр зэуэ щIалэм къытегуплIащ, и тырку сэшхуэ къуаншэжьыр кърихри. Мыхьэмэт езым и сэшхуэ кърипхъуэтар абы пэщIигъэувэщ, езым ейм тэтэрым и сэшхуэр къришэкI хуэдэу иIуантIэри, къыIэпигъэхуащ. Мыдрей шухэм къахэжу къыпэува шыгъуэ лъагэм тесыр и шыбгъэмкIэ ириудри, и анэр зытет пырхъуэ лъахъшэм къыхуеIэу щIидзащ. Хэти IэпщэкIэ уанэгум къридзаи, мыдрейр, аргуэрыжьти, шыбгъэкIэ ириудаи, сэшхуэ тыгукIэ иригъэпсыха къахэкIаи... Ауэрэ, и анэр шыплIэм къыдигъэтIысхьа зэрыхъуу, куэбжэм къафIыдэлъэтыжащ. Жэщым я нэхъ кIыфIми зэрыкIуэ гъуэгур къэзыгъуэтыжыф бэчкъаным IумпIэр иритауэ, езыр и анэм зэрыхуэсакъыным пылът. Адыгэ шууейхэм ялъэкIым фIыуэ щыгъуазэ беижьым щIалэм ипхъуэтауэ ихьыр хэтми къыщищIэм: - Бэлыхьыр къытихуэ, и гугъу фымыщI! Абыхэм я закъуэщ жыпIэу яужь уихьэ хъунукъым! Сэ фIыуэ сощIэ адыгэ зауэлIхэм я гъащIэр лъапIэ дыдэу бийм зэрыратыр! ПщафIэ нэхъыжьыр ихькIэ, фыкIэлъежьэу хьэлэч зыкъевмыгъэщI, - жиIэри, пщIантIэр игъэбэяужащ. Кърымымрэ АдыгэщIымрэ зэпызыч хыдэжым Мыхьэмэтрэ и анэмрэ къызэпришыжащ алыдж лIы тIорысэ гуэрым и бдзэжьеящэ кхъухь цIыкIумкIэ… Мыхьэмэт Кърымым щыкIуэм и гъусауэ щыта и ныбжьэгъухэм я хьэдэхэр къыздыщина адыгэ къуажэ цIыкIум деж къосыжри, езыр къызэрыта мазэ кIуэцIым къэхъуа-къэщIахэм щыгъуазэ зещI. Мыхьэмэтрэ абы къигъуэтыжа и анэмрэ къуажэр фэрыщIыншэу щыгуфIыкIащ, яIэтащ. И ныбжьэгъухэм я кхъащхьэм гъуэрыгъуэу Iэ ядилъэурэ къикIухьащ, дэтхэнэми къыхуагъэгъуну елъэIуурэ. ШыплIэмрэ гъуэгу жыжьэмрэ зэхиукIа и анэм тIэкIу зигъэпсэхужыху, а жылэм зыщиIэжьэри, КIурашэ гуимэм ису, шу гупи гъусэ къыхуащIауэ къаутIыпщыжащ. И къуажэ къыздэсыжам Мыхьэмэт и гуфIэгъуэшхуэри даIэт, цIыхухэр хузэблокI, ерыскъы хузэблах, ауэ пшынэ макъ ягъэIуакъым ныбжьыщIэ игъуэджэкъутэу хэкIуэдахэм я щIыхькIэ. И адэм и ныбжьэгъуфIу щытахэр и гъусэу, зи бын хэкIуэда унагъуэ къэс ихьэурэ щIалэр яхуэщыгъуащ, яхуэгумэщIащ. Псэдзыгъэ зиIэхэм ящыщу Мыхьэмэт зыми игъэкъуэншакъым, я бынхэм къащыщIам папщIэ. «Апхуэдэ гугъуехьхэм хуэзымыгъэхьэзыра дэращ къуаншэр! – жаIащ. ИлъэситIым зэрынэхьэсыжат Мыхьэмэт и анэр къызэришэжрэ, ауэ ар хузэфIэкIын папщIэ щIалэм и фэм дэкIамрэ лIыгъэу, шыIэныгъэу къигъэлъэгъуамрэ я Iуатэр иджыри ужьыхыжатэкъым. Абы и зэхэзекIуэм и хъыбарыр КIахэм къинэмыщIауэ, АдыгэщI псом щызэлъащIысат. Ямыгъусэу шу гуп шэсын я жагъуэу, Мыхьэмэт цIэрыIуэ хъуат. И шыпхъу цIыкIури къыдэкIуэтейри хъыджэбзыпIэм иуват, гуфIэгъуэ къезыхьэжьэхэр къыкIэлъыджэ, щIалэхэр къыщIэупщIэ хъуат, псэлыхъу гуэрхэми къызэпхрыун щIадзат. Адэр щамыIэжкIэ, унагъуэм и зехьэныр зи пщэ къыдэхуэр Мыхьэмэтти, унагъуэ зэримыгъэпэщу адэкIи игъэкIуатэ зэрымыхъунур и анитIми и шыпхъуми къраIуэкIат. Езыми къыгурыIуэрт а зэманым зэрынэблэгъар. Ауэ, Хэкур зыхэт гугъуехьым фIэлIыкIыурэ, иджы къэсат. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэми, зауэр уи ущхьэгъуу унагъуэ умыухуэурэ жьы ухъумэ е ухэкIуадэмэ, лъэпкъыр къуэпсыншэ хъунукъэ, щIэх имыухыну зауаем Iухьэн зауэлIи Хэкум дэнэ кърихыжыну? Мы пщэрылъымкIэ и ныбжьэгъухэм ечэнджэщри, анэхэми нэхъыжьхэми траубыдащ Мыхьэмэт унагъуэ ирагъэщIыну, кIэщIуи Iуэхум иужь йохьэхэр. Езым игу ирихь, зэпсэлъыхъуауэ, епсэлъылIауэ, къызыхэкIа лъэпкъкIи къабзэу, пщащэ хъарзынэ къишэри, и хьэгъуэлIыгъуэри и цIэмрэ и лIыгъэмрэ зэрыхуэфащэу худахащ, хэгъэгухэр хузэблэкIащ, псыхъуэм цIыху къыдэмынэжа жыхуаIэм хуэдэуи ягъэлъэпIащ. Нысэ цIыкIум пщыжь (тхьэмадэ) имыIэжми, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу гуащитI къыбгъэдэсу псэун щIедзэ, къызэрыхьа унагъуэм я нэрэ я псэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу. Сурэтт нысэ цIыкIум зэреджэри, и теплъэ дахэкIи гъэсэныгъэ гуапэкIи а цIэр игъэпэжырт…
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 13:33 →
ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ
19.12.2025 - 12:23 →
Гъуэгуанэ кIыхьхэм я пэщIэдзэт
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
27.11.2025 - 16:30 →
КъалэмыщIэ, гупсысэщIэ
28.07.2025 - 14:30 →
ПсыкъепкIэхэм я хэщIапIэ
| ||





