19.05.2024, 13:50 - Жылагъуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм и щIыхь тхылъ иритащ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым жыла­гъуэм пыщIауэ щытынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и

18.05.2024, 12:48 - Щэнхабзэ

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм икIи щрегъэкIуэкI ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым. 

18.05.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Iуэхур къызэригъэпэщащ КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ министерст­вэхэм. Макъамэ театрым кърагъэ­блэгъат бын уна­гъуэш­хуэхэр, уна­гъуэщIэхэр - зэ­пеуэм нэхъыфIу ­къы­щалъытахэр.

16.05.2024, 19:35 - Жылагъуэ

ТекIуэныгъэр илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу ди хэгъэгум щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтащ къэрал къулыкъущIэхэр, щIыпIэхэм унафэ щызезыхьэ унафэщIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ скъарым деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

16.05.2024, 17:30 - Жылагъуэ

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жраIащ Ингуш уэрамым ирикIуэу бохъшэ къызэрагъуэтар. 

16.05.2024, 15:24 - Жылагъуэ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ. Ар куэдым ящIэркъым, ауэ Ананенкэ Алексей, Беспалов Валерий, Баранов Борис сымэ реактор жьэражьэм и лабжьэм ехри, Европэ псом щыпсэу цIыху мелуан бжыгъэхэр кърагъэлащ.

16.05.2024, 13:19 - ЩIалэгъуэ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий.

16.05.2024, 12:16 - Жылагъуэ

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

13.05.2024, 17:30 - Щэнхабзэ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 79-рэ зэрырикъум. Ар къызэригъэпэщащ.

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
12.04.2019 - 08:05 | 👁 41

Подробности...

«Дыщэ бгырыпх» зезыхьэ адыгэ щIалэ

Япониер зи къежьапIэ дзюдор, адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм елъытауэ, ди гъащIэм къыщыхыхьар нэхъ иужьыIуэкIэщ - ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухращ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэхэр абыи щехъулIащ. ЖыпIэну ирикъунщ...
ЗэIущIэхэр
10.04.2019 - 08:17 | 👁 18

Подробности...

Дохутырхэр я щIэныгъэхэмкIэ зэдогуашэ

Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 8-м щекIуэкIащ акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэ­ныгъэм и школым и зэIущIэ.
ЗэIущIэхэр
10.04.2019 - 08:17 | 👁 21

Подробности...

Мутко Виталий ягъэуващ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыныр зи пщэ дэлъ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу ягъэуващ Урысей Федерац
Литературэ
10.04.2019 - 08:15 | 👁 104

Подробности...

ХЬЭТКЪУЭ Яшар (Тырку Республикэ)

Дытесу нэпкъым пщыхьэщхьэм Дзапэ уэрэд догъэзу, Мыжыжьэу дблосыкIыр кхъухьхэр, Уэгум щолъатэ бзур. КъытхуоплъэкIхэр ахэр нэфIэгуфIэу, Я гугъауэ дэ дынасыпыфIэу.
Тхыдэ
10.04.2019 - 08:15 | 👁 77

Подробности...

Штраус Иоганн и «Шэрджэс маршыр»

Дуней псом щы­цIэрыIуэ щэнхабзэм и хъугъуэфIы­гъуэхэм «Адыгэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ епхауэ зэхэтхыху, абы щхьэусы­гъуэ хуэхъуам ды­щIэупщIэныр езыр-е­зыру пщэрылъ ­тхуо­хъу. Апхуэдэ зы щап­хъэщ адыгэ...
Литературэ
10.04.2019 - 08:14 | 👁 45

Подробности...

Лъэпкъ щIэныгъэм и гуащэ

Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэ­кIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ...
Жылагъуэ
10.04.2019 - 08:12 | 👁 36

Подробности...

Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр ирагъэфIакIуэ

Бахъсэн къалэм террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм иджыблагъэ школакIуэхэр IуигъэщIащ а щIыпIэм и спортсмен цIэрыIуэхэм.
Тхыдэ
10.04.2019 - 08:12 | 👁 72

Подробности...

Балакирев Милийи «Ислъэмейр»

Балакирев Милий (1837 - 1910) «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэп­лъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр...
Жылагъуэ
10.04.2019 - 08:10 | 👁 24

Подробности...

Комисcэм и зэIущIэ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ административнэ комиссэм и зэIущIэ.
Жылагъуэ
10.04.2019 - 08:08 | 👁 25

Подробности...

Ахъшэ нэпцIхэр ирагъэкIырт

2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм и плъыр частым къэпсэлъащ Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тыкуэнхэм ящыщ зыр зейр.
Жылагъуэ
10.04.2019 - 08:08 | 👁 12

Подробности...

ЕтIуанэу къытригъэзэжащ

Урысей МВД-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и участковэ уполномоченнэхэм я нэIэм щIэт административнэ щыпIэр къыщызэхакIухьым къыщIагъэщащ Хьэтуей къуажэм Лениным и уэрамым тет унэр зей
Спорт
10.04.2019 - 08:00 | 👁 43

Подробности...

ЩIэдзапIэ дахэ зиIа Мэжджыхь Эдуард

Адыгэр дызэрыгушхуэн спортсмен куэд диIэщ. Дуней псом къыщацIыху Олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Чыржын Мухьэрбий, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Бес­лъэн сымэ, Махуэ Билал...
Махуэгъэпс
09.04.2019 - 14:34 | 👁 36

Подробности...

Дунейм щыхъыбархэр

Къэрал Думэм иджыблагъэ щекIуэкIа «правительствэ сыхьэтым» УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къыщыпсалъэу къыхигъэщащ 2018 гъэм къэралым и щIыналъэ 32-м лIэныгъэхэр нэхъыбэ...
Спорт
05.04.2019 - 08:10 | 👁 35

Подробности...

Европэм щыещанэщ

Бокс  Зи ныбжьыр илъэс 19-22-хэм итхэм папщIэ боксымкIэ Европэм и чемпионат иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ. Ди лъахэгъу ЕлекIэ ДжэбрэIил абы жэз медалыр къыщихьащ.
Махуэгъэпс
05.04.2019 - 08:10 | 👁 47

Подробности...

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Адыгэ псалъэжьхэр Дыжэф пцIанэ хъуркъым ♦Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы. ♦Жьыр и гупэу мэпсэу. ♦Зэрабзыр иIэ щхьэкIэ, кърабзэ иIэкъым. ♦ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
ЗэIущIэхэр
05.04.2019 - 08:08 | 👁 38

Подробности...

Псыхъурейрэ Кубарэ щыIащ

Бахъсэн  щIыналъэ

Страницы