Европэм щыещанэщБокс Зи ныбжьыр илъэс 19-22-хэм итхэм папщIэ боксымкIэ Европэм и чемпионат иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ. Ди лъахэгъу ЕлекIэ ДжэбрэIил абы жэз медалыр къыщихьащ. Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм щызэхэта европэпсо зэхьэзэхуэм хэтащ къэрал 39-м къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ. Килограмм 51-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм лъэщу зыкъыщигъэлъэгъуащ ЕлекIэ ДжэбрэIил. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, финал ныкъуэм ар 2:3-уэ къыщыхигъэщIащ Украинэм къикIа Погребняк Александр икIи ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
22.04.2024 - 17:11 →
Доттуев Ахъмэт ягу къагъэкIыж
22.04.2024 - 16:06 →
ЕкIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
22.04.2024 - 15:10 →
Къэзан каратэмкIэ къыщыхожаныкI
19.04.2024 - 18:59 →
Я хьэлъагъ елъытауэ
|