ЩIыхуэр зытригъэкIыжащУрысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм Налшык къалэм щиIэ къудамэм Iуэху къиIэтащ щIыпIэм щыпсэум алименту зэтрыригъэхьа щIыхуэр ирагъэпшынын папщIэ. ЦIыхухъум и сабийм иритын хуейм хуимыгъэхьурэ сом мин 650-рэ щIыхуэ зэтригъэхьат. Суд приставхэм мызэ-мытIэу ар щагъэгъуэзащ суд унафэр имыгъэзащIэмэ кърикIуэнум, арщхьэкIэ и къалэнхэр къыфIэIуэхуакъым. Балигъ мыхъуа сабийм и хуитыныгъэхэр ихъумэн папщIэ суд приставым щIыхуэ зытелъым хъыбар иригъэщIащ, адэ къалэнхэм адэкIи зыпыIуидзмэ, административнэ жэуапым зэрырашэлIэнум теухуауэ. Суд приставым епсэлъа иужькIэ цIыхухъур зыщIэгупсысыжри, щIыхуэр нэсу зытригъэкIыжащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|