И дунейр дахэу псэуну!

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, ди лэжьэгъуфI, ныбжьэгъу пэж,  бзылъхугъэ гуакIуэ Уэрдокъуэ Женя Мырзэкъан и пхъум  егъэлъапIэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ зэрырикъур. И унэцIэм ещхьщ Женя и теплъэри, и Iуэху зехьэкIэри. Ар цIыху уардэщ, Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ. А хьэлыфI псоми я къежьапIэщ ар къыщалъхуа, къыщыхъуа адыгэ унагъуэр.  

Женя и адэ-анэ Мырзэкъанрэ СэIимэтрэ пщIэрэ нэмысрэ зыхуащI нэхъыжьыфIхэу дэсащ Дыгулыбгъуей къуажэшхуэм.   Зэрыбынитхум я нэхъыжь Женящ адэ-анэм нэхъыбэрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуари, нэхъыщIэхэм щапхъэу яIари. Школми щыапхуэдэт Женя. Ар еджэнми хуэIэижьт, абы щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэрт. Женя зэхуэдэу къехъулIэрт есэпри тхыдэри, бзэхэри литературэхэри, химиери физикэри, ауэ псом хуэмыдэу абы и псэр дихьэхырт анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ. Абыхэм ар нэхъ куууэ щыхуеджащ КъБКъУ-м и филологие къудамэм.

Ди анэдэлъхубзэм и дахагъыр, IэфIагъыр, бзэм и зэфIэкIыр пасэу псэкIэ зыхэзыщIа Женя а гурыщIэр ихъумащ нобэр къыздэсым.  Бзэм хуиIэ а лъагъуныгъэ лъэщыращ Уэрдокъуэр  зэман куэд лъандэрэ зыпэрыт IэнатIэм хуэзышари. «Адыгэ псалъэм» зэрыщылэжьа илъэсхэм Уэрдокъуэм редакцэм щигъэзэщIащ къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр. Иджыпсту Женя и унафэщIщ «Адыгэ псалъэ» газетым хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм. Ди газетеджэхэм гу лъатэ Уэрдокъуэр зэманыфI хъуауэ а IэнатIэ­хэм гъэхуауэ япыщIауэ Iуэхухэр зэрызэфIигъэкIым, абыхэм я IуэхущIафэр пэжу къэгъэлъэгъуэным, хэIущIыIу щIыным теухуауэ куэд зэрилэжьым. Уэрдокъуэр ноби жыджэру япыщIащ МВД-м КъБР-м щиIэ IуэхущIапIэхэм, прокуратурэм, адвокатурэм, судыщIэхэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ IэнатIэхэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ.

-  Женя и тхыгъэхэм гъащIэм и плъыфэ зэхуэмыдэхэр IупщIу хыболъагъуэ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм, гъа­щIэ зылъэгъуахэм бзэ IэфIкIэ ятопсэлъыхь. Псом хуэмыдэу пщIэ хэха яхуещI Хэку зауэшхуэм хэтахэм, хэкIуэда зауэлIхэм я щхьэгъусэхэм, а зэман хьэлъэм фронтым хуэлэжьахэм. Абыхэм щатетхыхькIэ, я гукъэкIыжхэр къыщиIуатэкIэ, и псалъэм хуосакъ, щабагъэр егъэнэхъапэ, нэхъ гу зылъытапхъэхэр егугъуу къыхегъэщхьэхукI, - жаIэ абы и лэжьэгъухэм.

А лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызэфIигъэкIыным дапщэщи хущIокъу  Женя. Ахэр къызэрехъулIэм и щыхьэтщ а IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я Iэ щIэлъу Уэрдокъуэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэща щIыхь, щытхъу тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр, къыфIаща цIэ лъагэр.     

Зыхэт гупми Уэрдокъуэм и пщIэр щыинщ. Аращ ар лэжьакIуэбэм я уэчылу къалъытэ профсоюзым редакцэм щиIэ зэгухьэныгъэм и пашэу куэдрэ щIыщытар. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэшхуэу щыт «Адыгэ псалъэ» газетым лэжьыгъэм къыдэкIуэу гъащIэм пыщIа Iуэхугъуэ, къэхъукъащIэ (гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ) куэд къохъуэ. Ахэр екIуу зэфIэха зэрыхъуным сыт щыгъуи яужь итхэм ящыщщ Женя. И пщэрылъ журналист лэжьыгъэхэм ящIыгъуу, ар апхуэдэуи и къызэгъэпэщакIуэу икIи жэрдэмщIакIуэу куэдрэ екIуэкIащ редакцэм и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэу махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуахэм, зыпэрыхьэ дэтхэнэ лэжьыгъэри къызыхуэтыншэу зэрызэфIихыным хущIэкъуу. ЦIыхур, гъащIэр фIыуэ зылъагъурщ апхуэдэу гу пцIанэу щытыфынур. Апхуэдэщ Женя.

ЦIыху пэжу гъащIэр езыхьэкI Женя и пщIэм­рэ и нэмысымрэ иIыгъыжу къогъуэгурыкIуэ. Ди лэжьэгъу нэхъыжьым, ныбжьэгъу пэжым дохъуэхъу насыпрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь иIэну. И дэлъхухэр, и шыпхъу закъуэр, абыхэм я унагъуэхэм исхэр дапщэщи къыкъуэту, фIыуэ къэзылъагъу, пщIэ къыхуэзыщI цIыхухэм я гулъытэ хуэмыныкъуэу куэдрэ псэуну Тхьэм жиIэ. Уи мурад псори къохъулIэну, ди Женя!

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: