Спорт хъыбархэр

Дзюдоистхэр Налшык  щызэIуощIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, илъэсыщIэм и япэ махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкIащ къэралым и щIыналъэхэм я дзюдоистхэм я зэIущIэ. Ар хуэунэтIауэ щытащ спортсменхэм я зэфIэкIхэр къэпщытэным, я Iэзагъым хагъэхъуэн папщIэ зыхуэныкъуэхэм, зэлэжьыпхъэхэм зыщыгъэгъуэзэным.

ЗэIущIэм хэтащ Мэзкуу, Тюмень областхэм, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я бэнакIуэхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэри, псори зэхэту 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси  10-м къыщыщIэдзауэ 21-м нэблагъэм нэсыху.
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Ем­къуж Мухьэмэд къызэрыджиIамкIэ, хабзэ хъуауэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр республикэм илъэс къэс щрагъэкIуэкI икIи абы и фIыгъэу Iуэхум хилъа­гъуэр ди спортсменхэм я зэфIэкIымрэ зэлэ­жьыпхъэхэмрэ наIуэ къызэрыхъурщ. Сыту жы­пIэмэ, хамэ бэнакIуэхэм я гъусэу зыщыбгъасэм деж узыкIэлъыплъыж мэхъу, уи ныкъусаныгъэхэри узыхунэмысахэри нэрылъагъущ.
Бэна­кIуэхэм ядэлэжьащ, чэнджэщхэмкIэ, ­дзюдом и щэхухэмкIэ ядэгуэшащ дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменхэу Олимп джэгухэм я чемпион Мудрэн Беслъэн, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ, Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къы­щызыхьа Тау Хьэсэнбий, УФ-м и командэ къыхэхам и тренерхэу Щад Муратрэ Хьэбэчыр Муратрэ.
Апхуэдэуи Емкъужым къыджиIащ, Урысейм Физкультурэмрэ спортымкIэ и отличник, тренер цIэрыIуэ Майсурадзе Альберт и фэеплъу 2023 гъэм щIышылэм и 12 - 13-хэм Налшык къалэм щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ зэрыще­кIуэкIынур, ди командэм абы зэрызыхуигъэ­хьэ­зырыр икIи мыпхуэдэ зэхуэзэхэр абыкIэ зэрыщхьэпэнур.
Дзюдоистхэм я иджырей зэIущIэр Налшык ­къалэм къыщызэрагъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ.

Фишер  и  шахматымкIэ

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Фишер и шахматымкIэ япэ чемпионат. Абы хэтащ республикэм и районхэм я лIыкIуэу цIыху 40-м нэблагъэ.

ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэIущIэм япэ увыпIэр къыщихьащ Темыркъан Давид, етIуанэ хъуащ Джэдгъэф Чэмал, ещанэр ­Текуев Эмирщ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэм­рэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
Фыщыдгъэгъуэзэнщи, Фишер и шахматыр мыдрей къызэрыгуэкI шахмат джэгукIэм къы­щхьэщокI фигурэхэр доскам зэрытрагъэувэ щIы­кIэмкIэ. Ахэр фIыуэ зэщхьэщокI икIи апхуэ­-дэ щIыкIэкIэ шахмат фигурэхэр зэблэбдзыну ­(рокировкэ) гугъу мэхъу.
ДжэгукIэщIэр къэзыгупсысар шахматист цIэрыIуэ Фишер Робертщ икIи абыкIэ япэу щыджэгуар 1996 гъэрщ, Буэнос-Айрес къалэм.

 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: