Шэрэдж акъужьыр мэдэхащIэ…Нало Ахьмэдхъан зылъэгъуам, и псэлъэкӀэ зэхэзыхам зэи щыгъупщэжынукъым. Ар цӀыху дахэт. И теплъэ къудейкӀэтэкъым зэрыдахэр. Ар дахэ щӀэхъукӀырт и акъылым, и дуней лъагъукӀэм, и цӀыху щӀыкӀэм. ЦӀыху нэсыр зыхилъхьэ щымыӀэу фӀыуэ илъагъурт, зэи имылъэгъуами, дилъэгъуа дахагъым къыхэкӀыу, зришалӀэу ӀэплӀэ хуищӀыфынут. Ауэ цӀыхугъэншагъэри хуэшэчыртэкъым. Къызэреузыр къапщӀэу, игу хэщӀырт, ар зэригъэзэхуэн псалъэ къилъыхъуэрт, ауэ щимыгъуэткӀэ, Ӏэмалыншэу зы гукъэкӀыж гуэркӀэ зыщхьэщигъэкӀырт. Апхуэдэ зы хъыбар кӀэщӀкӀэ, гъэсэпэтхыдэу къапщтэ хъуну, сыхуейт «Адыгэ псалъэм» и щӀэджыкӀакӀуэхэм садэгуэшэну.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|