ИлъэсыщIэм и нур зэпэджэхэр

Республикэм и къалащхьэм зэуэ илъэсыщIэ теплъэ игъуэтащ. Къалапщэм къыщыщIэдзауэ жыгыщхьэхэм фIащIа уэздыгъэ щыгъэхэр Iумылым хуэдэу дахащэщ, пшапэм зэхэуэгъуэм  ихъуреягъыр къагъэнэхуу.

Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымрэ Головком и уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм хуэзэ жыг щIагъхэм, илъэс блэкIам ещхьу, щагъэуващ жэщым нуру зэщIэблэ, уэс IэшкIэ теплъэ зиIэ шар хужьышхуэхэр. Апхуэдэхэр щыфлъагъунущ Хъураным и уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэми. Абыхэм яIэр нэгъуэщI теплъэщ - мыщэ, мэз бжэн, тхьэкIумэкIыхь. Махуэм ахэр, уэсым хуэдэу, хужьыбзэщ, пшапэр щызэхэуэм зэщIоблэ, жыг щIагъхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ нур зэмыфэгъухэр традзэрэ дакъикъэ къэс я плъыфэхэр яхъуэжу. Ахэр гуп-гупу зэхэту зылъагъу сабийхэр щымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым: мыщэ бэлацэжьищыр дэпу къыщызэщIэнэм, абы пэмыжыжьэу къыщыт тхьэкIумэкIыхьымрэ мэз бжэнымрэ мэшынэри, я фэр шэхуу покI. ТIэкIу зэрыдэкIыу, апхуэдизу губжьауэ къытфIэщIа мыщэжьхэм яфI зыкърашэжри, мамкъутыфэрэ щIыхупсу я фэхэр яхъуэж. Абдежым тхьэкIумэкIыхьымрэ мэз бжэнымрэ я гур къызэрогъуэтыжри, я нэгухэм нур плъыжьыфэ къыщIохьэж… Апхуэдэ нур джэгумрэ зэпэджэмрэ таурыхъым и дуней къагъэщI, Уае Дадэмрэ Уэс  Гуащэмрэ фIэкIа зыми хуэмычэмыжу. А псом хэту  сабийхэм сурэт щатепхыныр къалъыхъуэм хуэдэщ.

         Лъэс зекIуапIэр щиухым деж, зы щIыIуб цIыкIу ягъэуващ, и закъуэрэ къенэщхъеехыу, щыгъ кIагуэ цIыкIур фэзэхъуэкIщ - зэм щIыхущ, зэм хужьщ. Абы хъумакIуэу бгъэдагъэува хуэдэ, Iумылым зэщIищта зы  уэздыгъеишхуэ къыщхьэщытщ, абы фIэдза уэздыгъэшхуэм и нурымкIэ ар егъэхуабэри. А псори зи IэдакъэщIэкI дизайнерхэм, фIыщIэ яхуэфащэу, щIыпIэм иратащ ИлъэсыщIэ теплъэ дахащэ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться: