Жьыгъэр ящызгъэпсынщIэ лэжьакIуэ

ИлъэсипщIым щIигъуауэ социальнэ лэжьакIуэ къалэныр игъэзащIэу, дэIэпыкъуэгъуншэу къэна дадэ-нанэхэм япэIэбэу къогъуэгурыкIуэ Мэкъуауэ Заретэ.

ГубэщIыкI зэщхьэгъусэхэу Мухьэрбийрэ Мариерэ зауэ нэужь лъэхъэнэм халъхуащи, гугъуехьыр зищIысыр ягъэунэхуауэ ящIэ. Я  Iуэху Iыхьэ кърахьэлIэрэ, зэгурыIуэу, зэрылъытэу  къызэдекIуэкIащ ахэр. Бын къазэрыщIэмыхъуам, я жьыщхьэм зыщыгугъын зэрамыIэм къыхэкIыуи зыр адрейм щысхьу, зыхуэгумащIэу зэдопсэу. «Зы пщэдджыжь къэмынэу, сыхьэтитху мыхъу щIыкIэ, Марие кофе схуещI, шэ хэкIауэ, зэрысфIэфIыр ещIэри. Узыншагъэ уиIэмэ, псори уиIэщ. Абы теухуауэ зэкIэ Iейкъым ди Iуэхур: пщэдджыжькIэ къыдожыхь, зарядкэ дощI», - жеIэ Мухьэрбий. УаIуплъамэ, цIыху нэфIэгуфIэхэщ. Нэхъыщхьэращи, я гур илъщ.

- Ди Iэ ди лъэ зокIуэри, тщIэн догъуэт жыхуэпIэщ-тIэ…

- НтIэ.

 - Къэрал IуэхущIапIэхэм сыткIэ хуэныкъуэ фыхъуа-тIэ? СыткIэ къывдэIэпыкъурэ абы къигъакIуэ я лэжьакIуэр?

- ТхуоIэбэ, тхуолъасэ, дэ тхузэфIэмыкIыр ещIэ. Хуабжьу дахуэарэзыщ, дигу къыдохьэ. Илъэс зыбгъупщI хъуауэ къыткIэлъокIуэри, десащ благъэм хуэдэу. Езыри къыдэсащ, зэрыжиIэмкIэ. КъыщымыкIуэхэм деж телефонкIэ допсалъэ, дыщIоупщIэ, езыми къытхуещI игу дыкъэкIыурэ.

- Зыгуэр хуэныкъуэ фызэрыхъуу занщIэу фопсалъэ абы и деж, ара?

- Пэжщ. ГуащэфI иIащ. Аращ зыгъэсар. Абы дэ къытхуищIэр псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым! Сымаджэ дыхъуми къыткIэлъоплъ, дызыхуэныкъуэ псори асыхьэту къытхуегъэс, IэщабэIущабэщ, гущIэгъу хэлъщ Заретэ. ЗыкIэ псынщIэу, гугъэзагъэу мэIэбэри! ДэнэкIи нос.  Быным нэхъыби къыпхуищIэфыну къыщIэкIынкъым. КъищынэмыщIауэ, IэфI дыдэу мэпщафIэ. Уеблэмэ и дэсыгъуэхэм деж унэм IэфI гуэр щипщIэфIамэ, абы щыщ къытхуехь. Унагъуэ джэд, къаз, тхьэкIумэкIыхь яукIамэ, зэи дыхинкъым. Заретэ  апхуэдизкIэ фIыуэ долъагъури, унэм дымыгъэкIуэжу ди деж щыдгъэIэнут.

Мухьэрбий и хадэ цIыкIур мыгъэрей уэшх зэкIэлъыпытым и зэранкIэ зэрыхуей дыдэу хуэхъуакъым. Ауэ, Марие зэрыжиIэмкIэ, я хадэ цIыкIур зыпащI щыIэкъым зэщхьэгъуситIым. Мыбдей я псэм зыщегъэпсэху. ИхъуреягъкIэ щхъуэнтIагъэщ, дыгъэпсщи, бзу цIыкIухэр зэщIоушэ. ГубэщIыкIхэ я хадэбгъур сабий IыгъыпIэм йоуалIэри, абыхэм я зэрызехьэ, дыхьэшх макъым щIэдэIуурэ мэгуфIэ.

Мухьэрбийрэ Мариерэ апхуэдизу зыщытхъу Мэкъуауэ Заретэ социальнэ лэжьакIуэ IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ илъэс 30-м нэблэгъащ. Къигъэшынат япэщIыкIэ лэжьыгъэм, ауэ хуэм-хуэмурэ есащи, иджы Iуэхум и хыхьэпIи-хэкIыпIи ещIэ. 

«СызэувэлIа лэжьыгъэм зы махуи сыхущIемыгъуэжауэ, нобэр къыздэсым солажьэ. ЦIыхухэр сэркIэ арэзымэ, абы нэхъ щытхъу сыхуейкъым. Псоми хьэл зырыз диIэщи, я хьэлым, Iэмал зэриIэкIэ, зэрызытезгъэхуэным иужь ситщ. Я хьэлым сытехуэхукIэ гугъу сохь, ауэ адэкIэ дызэгурыIуэу дызэдолажьэ. ЦIыхум ущесам деж уи лэжьыгъэми нэгъуэщI зыгуэру уоувалIэ… СыкъыщымыкIуэхэм деж си гур мэгузавэ,  езыхэри къызэрысхуэныкъуэр зыхызощIэ. Ди лэжьыгъэм хеубыдэ унэр гъэкъэбзэныр, ерыскъыпхъэ, хущхъуэ къахуэщэхуныр,  ямыIэр къахуехьэлIэныр, яхуэпщэфIэныр. Ахэр къалэн нэхъыщхьэкIэ зэджэрщ. Абы къищынэмыщIа,  нэгъуэщI Iуэху лейхэри щыIэщ: жьыщIэн, тхьэщIэн, ету тедзэн, хадэмрэ  пщIантIэмрэ гъэкъэбзэн, гъэфIэIугъэ яхуэгъэхьэзырын, езыхэр гъэпскIын. СыткIи садэIэпыкъуну си гуапэщ, езыхэр цIыхуфIщи!», - жеIэ езы Заретэ.  

Хъуэжэ Гуащэнэ.

Поделиться: