Сабиигъуэ хьэлъэ, жьыщхьэ махуэ

 Щоджэн Хьэмэдэрэ Мэрзей Нащхъуэ ипхъу Марьянрэ гъащIэм хуэнэхъуеиншэу, насыпыфIэу, лажьэу, гъащIэщIэм декIуу унагъуэ дахэ зэдаухуэри, быниплIи зэдагъуэтыжат.

ГъащIэ щыхъукIэ, гугъуехь куэди абы ущрохьэлIэ. Апхуэдэу, Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, зылI и быну заIэтри, Хэкур яхъумэну кIуащ ди къуажэгъу 246-рэ. 1942 гъэм Шэрэдж Ищхъэрэ щыщу зауэм ираджахэм яхэтащ Щоджэн Хьэмэдэрэ Шондыр Мышэрэ. ЩIалэхэр езыгъажьэхэм яхэтт Щоджэн Хьэмэдэ и щхьэгъусэ Марьян, уэндэгъушхуэу. Шондыр Мышэ зыхэт щIалэхэм къахэкIуэтри, Марьян къыжриIащ:

- Марьян, узыншэу узэIэпыкIрэ, а уи ныбэм илъыр щIалэ цIыкIуу къыщIэкIмэ, си цIэр фIэщ.

Зауэ угъурсызым зэныбжьэгъуитIри, Хьэмэди Мыши, 1942 гъэм хэкIуэдащ. А гъэ дыдэм Хьэмэдэ къигъэна быниплIым къахэхъуащ щIалэ дыгъэ, ныбэм илъу Мышэ зыфIащар. Иухатэкъым ар и адэм илъагъуну.

Марьян щхьэкIуэ тхылъ къыхуэкIуащ, и щхьэгъусэ Щоджэн Хьэмэдэ ТIутI и къуэр 1942 гъэм зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ хъыбар кърагъащIэу. Унагъуэри, лъэпкъри, гъунэгъухэри зэтепыхьащ, ягъеижащ Хьэмэдэ.

А лъэхъэнэм апхуэдэ щхьэкIуэ тхылъ куэдым къахуэкIуэрт. Пощтзехьэр ялъэгъуамэ, къуажэдэсхэр гузавэрт, сыт хуэдэ хъыбару пIэрэ къытхуихьыр, жаIэу.

Марьян бынунагъуэшхуэу, зыщыгугъын имыIэу, фызабэу къэнащ. Ауэ, зэрыжаIэщи, и бгыр щIикъузэри, фызабэ гъащIэ хьэлъэм еувэлIащ, и бын нэхъыжьхэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Хэку зауэшхуэ къэхъеям Iэщэ зыIыгъыфыну цIыхухъухэр, къанэ щымыIэу, ираджат, трактору, машинэу, шыуэ яIам и нэхъыбэри къэрал унафэкIэ зэуапIэм ирашэлIат. Колхозым и IэнатIэ псоми щекIуэкI лэжьыгъэм и нэхъыбэр цIыхубз къарукIэт зэрызэфIагъэкIыр. Мис абыхэм пашэу яхэтащ Марьяни, балигъ ныкъуэхъуу къэжэпхъа и щIалэ нэхъыжь Хьэжмурати. Зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэда фызабэхэр адрейхэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, щхьэх ямыщIэу, цIыхухъум хуэдэу, фронтым телэжьащ. Я нэм нэху ялъагъуу зэи я унагъуэм екIуэлIэжакъым ахэр. А псом иужькIэ унагъуэ Iуэхури, быныр зыхуей хуэгъэзэнри къапэщылъу…

ЗэрыжаIэщи, фызабэ гъащIэр узэмыхъуэпсэнт. Абыхэм я бынхэм ягъэикIэу цIэ лей къыфIащат "фызабэкъуэ", "фызабэпхъу" жыхуаIэр.

Улахуэ къызыпэмыкIуэ колхоз лэжьыгъэмкIэ Марьян и быныр щыхуэмыпIым, абы зыкъыдигъахуэурэ, и бын нэхъыжь къэжэпхъахэр и дэIэпыкъуэгъуу, Iэпщэ къарукIэ ятIагъуэр, хукхъуэр, псыр зыхуагъэхъуурэ ятIэ чырбыш игъэжащ. Ар лэжьыгъэ хьэлъэт, ауэ щIэупщIэ зиIэт. Чырбышыр ищэурэ и бынхэр зыхуей хуигъэзащ, узыншэхэу, къарууфIэхэу ипIащ. Зи къэшэгъуэм къригъэшащ, зи ишэгъуэр иригъэшащ, унагъуэ щхьэхуэхэу псори игъэтIысыжащ, бынунэ дахэу.

Марьян и бынхэм сабиигъуэ дахэ яIэну къахуихуакъым. Зауэм хэлъхуа дэтхэнэми хуэдэу, ахэр игъуэ нэмысу балигъыпIэ иуващ, я анэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуу. Ибэр бэшэчщ, къэхъуащ ахэр яIэр зэрагъэзахуэу, мытхьэусыхэу я щхьэр ехьэхауэ лажьэу, щIакхъуэм, хьэлу Iыхьэм и уасэр ящIэу.

Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ Хьэмэдэрэ Марьянрэ я бын нэхъыщIэ Мышэ и гъащIэ гъуэгуанэ мытыншым. НатIэм къритхэр лъэм и гъуэгу мэхъу жыхуиIэу, абы и сабиигъуэр сыт хуэдизу хьэлъэу щытами, бэшэчу, Iэдэбу къэхъуат. МылIэр лIы мэхъу. Мышэ балигъ щыхъум Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзэщIэну 1961 гъэм дыгъэгъазэ мазэм армэм ираджащ. Яшащ Къэзахъстаным щыIэ Тыркумэн дзэ округым, хэхуащ ухуакIуэ батальоным. Зи адэр зымылъэгъуа щIалэ зеиншэр лэжьыгъэкIэ псыхьат. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэкIуэлъакIуэу и чэзум и къалэныр зэфIигъэкIыу, щапхъэу къагъэлъагъуэу къулыкъур кърихьэкIащ. КъаутIыпщыжащ 1964 гъэм и щIышылэ мазэм. Хуит къызэрыхъужу щалъхуа къуажэм къэкIуэжащ къыпэплъэ анэ гумащIэ, анэ гу щабэ Марьян, и къуэш, и шыпхъухэм я деж. Мышэ хэпщIыкIыу зиужьат, балигъ Iэпкълъэпкъ хъуат, и фэм щызу. Къызэрысыжу, Нарткъалэ шофёрхэр щагъэхьэзыру щыIэ еджапIэм щIэтIысхьэри, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу къиухащ 1965 гъэм. Къуажэм и колхозым и хьэлъэзешэ машинэм дагъэтIысхьащ, дагъуэншэуи илъэс куэдкIэ ирилэжьащ абы. А зэманым шофёрыр IэщIагъэу щыIэм ефIэкIырт урипсэуну.

Мышэ бгъэдэлъ Iэзагъэр, IэкIуэлъакIуагъым фIыуэ щыгъуазэ къуажэ колхозым и унафэщI Иуан Хьэутий и машинэм дигъэтIысхьэри, гунэс щыхъуауэ, куэдрэ къришэкIащ.

Зи къэшэгъуэ мо щIалэ къуданым 1965 гъэм БищIохэ япхъу Ленэ щхьэгъусэ ищIащ. И къуэш курытыр (Цацу) я анэм и гъусэу щалъхуа пщIантIэм къыдинэри, япэмыжыжьэу унагъащIэу къэтIысыжащ.

Мышэрэ Ленэрэ насыпыфIэхэщ, зыхуей ягъуэту мэпсэу. «Щэ уэстын хьэмэрэ, щэ и уасэу, зы уэстын?», - жиIащ адыгэм. Апхуэдэу, унагъуэщIэм къахэхъуащ щэ и уасэ Мадинэ зыфIаща хъыджэбз дахэкIейр. Абы къуажэ еджапIэр къызэриухыу, 1983 гъэм щIэтIысхьащ Дон Iус Ростов промышленность псынщIэм и технологическэ техникум щыIэм. И IэщIагъэм хуэшэрыуэу къиухри, къигъэзэжащ.

Мадинэ къуажэм щыщ щIалэ къылъыхъури, 1985 гъэм Гъубжокъуэ Аслъэнбий ишащ. Унагъуэ дахэщ, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу мэпсэу. ЗэщхьэгъуситIым къащIэхъуащ бынищ: Маринэ, Абеслъэн, Ахьмэд. Я унагъуэм хабзэ илъщ, нэхъыжьхэм я пщIэр яIыгъщ, адыгагъэмрэ нэмысымрэ я бынхэр щIапIыкI. Я нэхъыжь Маринэ къуажэ еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ. IэщIагъэ зригъэгъуэта иужькIэ, а КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и лабораторэм щылэжьащ. И зэманыр къыщысым Маринэ Iэхъуэбэчхэ яшащ. Иджы унагъуэ дахэу Нарткъалэ щопсэу, щIалитI яIэщ.

Абеслъэн къуажэ еджапIэр къиуха иужькIэ дзэм елэжь дохутыр IэщIагъэм Пятигорск щыхуеджащ. И IэщIагъэмкIэ лажьэурэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну Пензэ къалэм дэт стоматологическэ университетым щIэтIысхьэжащ. Зэрыжыжьэм къыхэкIыу, ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иIэ дохутыр къудамэм зыкъритыжри, щеджащ. ЩIэупщIэ иIэу, хущIыхьэгъуэ имыгъуэту щолажьэ Мэрзэхъу, Къэхъун къуажэхэм, Нарткъалэ, Налшык къалэхэм.

Абеслъэн бгъэдэлъ цIыхугъэм, гъэсэныгъэм, и бзэ IэфIагъым, и IэщIагъэр фIыуэ зэрищIэм къыхэкIыу, цIыху куэд и IуэхущIапIэм къокIуалIэ.

Аслъэнбийрэ Мадинэрэ я щIалэ нэхъыщIэ Ахьмэд къуажэ еджапIэр фIыуэ къиухащ. Къэралым и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзащIэу, дзэм къулыкъу щищIащ. Къызэрысыжу, Пятигорск таможнэм щыхурагъаджэ еджапIэр къиухащ. А къалэм дэт университетым и юридическэ къудамэм къыкIэлъыкIуэу щIэтIысхьащ, дызыхуэкIуэ илъэсым къиухынущ. Ахьмэд МВД-м и ГИБДД-м щолажьэ. Зыдэлажьэхэр къыхуэарэзыуэ, гъэсауэ, дагъуэншэу и къулыкъур ирехьэкI.

Ар и адэ-анэм ябгъэдэсщ, унагъуэ хъуну зэкIэ хунэсакъым.

ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIутрэ щIыжаIар Абеслъэнрэ Ахьмэдрэ хуэдэщ. Зыхэтхэм гъэсэныгъэрэ цIыхугъэкIэ къахощ. Нэрылъагъущ адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм бынхэм гъэсэныгъэрэ ущиемрэ зэрыбгъэдалъхьар.

Мышэрэ Ленэрэ зыщыгугъын дэIэпыкъуэгъушхуэ ямыIэу лъапсэ дахэ зытраухуащ. Я унагъуэр цIыху кIуапIэщ, гъунэгъуу яIэр я Iэпэгъущ. Мышэ и анэ Марьян езым и унагъуэм къишэжри, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей игъуэту, зыхуей хуэзэу и нэIэ тету зэдэпсэуащ дунейм ехыжыху.

Щоджэн Мышэ удэуэршэру убгъэдэсыну псэлъэгъу хьэлэмэтщ, куэдым хещIыкI, чэнджэщэгъу гъуэзэджэщ. И унагъуэми лъэпкъми Тхьэм куэдрэ яхуигъэузыншэ.

  Абы и сабиигъуэр хьэлъами, и ныбжь щыхэкIуатэм иIуэтэжащ, жьыщхьэ махуэщ.                                                                                 

Джэдгъэф Мухьэрбий, лэжьыгъэм и ветеран, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэ.
Поделиться: