Гъэм и кIыхьагъкIэКъэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэхэм къыщапщытэж мы илъэсым зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэр. ЩIыIэр зэуэ щыIуиха гъатхэпэм щыщIэдзауэ гъэр и кIыхьагъкIэ дунейм и щытыкIэм дэбгъуэн щымыIэу екIуэкIащ. Дыгъэмрэ уэшхымрэ и чэзум зыгъуэта щIыр мэкъумэщыщIэхэм къахуэупсащ гъавэ бэвкIэ. Гъэр зыхуэфIахэм ящыщщ Аруан щIыналъэм и гъавэгъэкIхэр. Мыбыхэм япэ хэгъуэр гъэкIэ зэраублэ джэш щхъуантIэр, сыт щыгъуи хуэдэу, яхуэбэгъуащ - гектар 300-м щIигъум тонн 1370-м нэс щыIуахыжащ, зы гектарым хуэзэу къытрахар центнер 45-м ноблагъэ. Бжьыхьэсэ гуэдзымкIи я Iуэхур Iеякъым: гектар 920-м къытрахащ тонн 3110-рэ, гъатхасэр нэхъ мащIэт - гектар 200-м хуэзащ тонн 470-рэ. Нартыхуу хаса гектар 6550-м тонн 33690-рэ, бжьыхьэсэ хьэпцIий гектар 1090-м тонн 3855-рэ къытрахащ. Хозяйствэхэм кIэрыхуншэу щыIуахыжащ сэхураныр, соер, кIэртIофыр. ЩIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэ хэгъуэр зэрызэфIагъэкIыу, Iэщхэм щIымахуэм ирагъэшхыну мэкъумылэрэ хьэуазэ IэщIэлъыну щIымахуэ псом яхурикъунур ягъэтIылъащ. Бжьыхьэсэри пIалъэм тету кърахьэлIащ икIи гуэдзу гектар 1450-рэ, хьэпцIийуэ гектар 555-рэ хасащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|