Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къы­щы­зэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьа­кIуэ­хэмрэ и ветеранхэмрэ я махуэмкIэ со­хъуэхъу.

Мы махуэм дэ догъэлъапIэ пэжу, псэ­емы­блэжу хэкум къулыкъу хуэзыщIэ цIыху ­къа­ру­уфIэхэр, хахуэхэр, къэралым и консти­ту­цэ у­хуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зыхъу­мэхэр.
Фэ фи лэжьыгъэм къыфхуегъэув щIэныгъэ куу вбгъэдэлъыным и мызакъуэу, Iэзагъышхуэ, апхуэдэу шыIэныгъэшхуэ, хахуагъэ­рэ лIыгъэрэ фхэлъын хуейуэ. А зэфIэкI лъагэхэр зэрабгъэдэлъымкIэ адрейхэм сытым щыгъуи къахощ ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр.
Нобэ щыIэ щытыкIэ гугъум фэ ехъулIэныгъэ фиIэу фапэщIэтщ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ, Iулъхьэ зэIэпыхынымрэ щIэпхъаджащIэ гуп зэщIэгъэуIуахэм ялэжь хабзэншагъэхэмрэ, фи гуащIэшхуэ хыволъхьэ республикэм мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ щыхъумэным, цIыхухэм я хуитыныгъэр къызэгъэпэщыным.
Хэкум псэемыблэжу фызэрыхуэлажьэм, фи къулыкъум фызэрыхуэпэжым папщIэ фIыщIэ фхузощI.
Апхуэдэу псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ IэнатIэм и ветеранхэми. Абыхэм Iуэхум хуаIа бгъэдыхьэкIэр я щапхъэщ щIыналъэ управ­ленэм иджыпсту щылажьэхэм.
Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу фи махуэшхуэмкIи къэблагъэ илъэсыщIэмкIи сы­ны­вохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, зэIузэ­пэщыгъэ фиIэну, фызыпэрыт къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну.

Поделиться: