Хьэрычэт щIэн Iуэхум и шэсыпIэ

Экономикэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и ШэсыпIэ фонд» щIыналъэ IуэхущIапIэм дызэрыт илъэсым и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу республикэм и хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ шэсыпIэ зэрахуэхъумкIэ щыхьэт тхылъу 79-рэ итащ, сом мелуан 488,0-рэ щIигъу хуэзэу. Ар процент 75,5-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Абы и фIыгъэкIэ, щIыналъэм и хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ яхузэфIэкIащ я лэжьыгъэм кредит ахъшэу сом мелуан 950-рэ къыхашэн. Ар процент 51-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ. ДэIэпыкъуныгъэ ягъуэтащ щIыналъэм хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ пыщIа и IуэхущIапIэу 75-м.
ЩIыналъэм и шэсыпIэ фондым и фIыгъэкIэ апхуэдэ ахъшэшхуэхэр абыхэм я лэжьыгъэм къыхашэн яхузэфIэкIащ щIыхуэ къызыIаха кредит-финанс IуэхущIапIэхэм я кредит программэхэу зэрыхудачых Iэмалхэр зи тегъэщIапIэхэр нэсу зэрылажьэм, апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэм щIэупщIэхушхуэ зэраIэм къыхэкIыу.
ШэсыпIэ фондыр къыщIызэрагъэпэщари щIэлажьэри, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ пыщIа IуэхущIапIэхэм ядэIэпыкъукIэрэ, банкхэм щIыхуэ къыIахыфын, кредит-финанс IуэхущIапIэхэм абы щхьэкIэ къыхуагъэнэн мылъку щабгъэдэмылъым деж, шэсыпIэу яхуэувын папщIэщ.
Фондыр шэсыпIэ зэриувэм щыхьэт техъуэ тхылъыр абы зэритыр зы илъэс пIалъэкIэщ икIи сом мелуан нэхърэ мынэхъ мащIэ къыщыIахым дежщ. Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэм щIыхуэу къащта ахъшэм и процент 70-рщ фондыр шэсыпIэ зэрихьэр. Нэхъыбэ дыдэуи щIыхуэу къащтэ хъунур сом мелуан 70-м щIимыгъущ.
ЩIыналъэ шэсыпIэ фондыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ 2009 гъэм щегъэжьауэ. Ар зэрызэхэтыр федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIа мылъкущ. Ар къыхуаутIыпщ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ жэрдэмыр дэIыгъыныр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ. Абы нэмыщI, фондым и мылъкум хохьэ фейдэ къригъэщIыну банкхэм хилъхьэ ахъшэмрэ Iуэхутхьэбзэ илэжьам къыпэкIуахэмрэ.
 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу КъБР-м и ШэсыпIэ фондым и мылъкур сом мелард 1480,5-рэ мэхъу, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа мурадхэм къыхуигъэсэбэпын папщIэ. Иджыпсту мэлажьэ шэсыпIэ зэриувам щыхьэт техъуэ тхылъу 289-рэ.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: