Щхьэж къилъыхъуэ IуощIэж

ЛIыжь гуэрым щIалэщIэ гъуэгурыкIуэ къыхуэзэри къеупщIащ:
- Мы къалэм япэу сыкъэкIуауэ аращ. КъызжеIэ, сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
- Уэ укъыздикIа къалэм и цIыхухэр сыт хуэдэт? - щIоупщIэж езы лIыжьри.
- Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр щхьэзыфIэфIхэт, бзаджэхэт. Аращ абы сыкъыщIыдэкIари.
- Мыбыи апхуэдэ дыдэхэм ущрихьэлIэнущ, - итащ жэуап лIыжьым.
Тэлай дэкIауэ, лIыжьым аргуэру зы щIалэ къыхуозэри къоупщI.
- Ди адэ, мы къалэм нобэ сыкъэкIуа къудейщи, си нэIуасэкъым. КхъыIэ къызжеIэ, я хьэлкIэ сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
ЛIыжьыр абыи йоупщIыж япэ гъуэгурыкIуэм зэреупщIамкIэ:
- Уэ укъыздикIам щыIэхэр сыт хуэдэт?
- Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр цIыхуфIхэщ, хьэщIагъэ яхэлъщ, гуапэхэщ. Абы къыщызгъэнащ си ныбжьэгъу куэди. Аращ сигу нэхъ щIэныкъуэр.
- Мы къалэми апхуэдэ дыдэу цIыху гуапэхэм уащыхуэзэнущ.
ЛъэныкъуэкIэ къыщыту а псалъэмакъхэр зэхэзыха лIы гуэр лIыжьым къыбгъэдохьэри, жеIэ:
- ЩIалитIым жэуап зэтемыхуэ зэрептар зэхэсхащ. Зэм жыпIащ къалэм дэсхэр мыхъумыщIэу, адрейм жепIащ псори цIыхуфIу…
- Дэнэ щIыпIи щыIэщ цIыхуфIи цIыху Iеи. Щхьэж къилъыхъуэ IущIэжу аращ,- къитащ жэуап лIыжьым.

Гупсысэ хьэлъэхэр евгъэтIылъэкI

Профессорым псы зэрыт Iэгубжьэр къищтэри, студентхэм еупщIащ:
- Мы Iэгубжьэм и хьэлъагъыр сыт хуэдизу пIэрэ?
- Грамм 50, грамми 100, грамми 120-рэ…- хуагъэфащэу щIадзащ студентхэм.
- Мыбы и хьэлъагъыр къэзмыпщауэ къысхуэщIэнукъым, - жиIащ профессорым, - иджыри сынывэупщIынут: дакъикъэ бжыгъэкIэ мы Iэгубжьэр сIыгъыу сыщытмэ, сыт къэхъунур?
- Зыри, - жаIэ студентхэм.
- СыхьэткIэ сIыгъмэ щэ?
- Уи Iэр узынущ.
- Пэжщ. Махуэ псокIэ сIыгъмэ, сыт къэхъунур?
- Уи Iэм зыхимыщIэж хъунущ, уи лыпцIэналъэхэм укъыхагъэзыхьынущ, дохутыр къоIэзэн хуей хъунущ.
- Сыт сщIэн хъуейр а къомыр къысщымыщIын папщIэ?
- Iэгубжьэр гъэув! - жаIэ студентхэм.
- Пэж дыдэщ. ГъащIэм дыщызыIущIэ лъэпощхьэпохэри мы Iэгубжьэм и Iуэхум ебгъапщэ хъунущ. Iуэху гуэрым дакъикъэ бжыгъэкIэ уегупсысакъэ, ар пщIыгъу мэхъу. Сыхьэт бжыгъэкIэ ар гупсысапIэ пщIакъэ – уелъахъэ, нэгъуэщI Iуэхухэр къегъанэ. Махуэ псом уи щхьэм ибгъэлъакъэ - къыпщохьапэ, зыри пфIэмыIэфIыжу укъегъанэ.
Лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ уегупсысын хуейщ, ауэ зэпымыууэ уи щхьэм ибгъэлъмэ, я зэран къокIынущ. ЕбгъэтIылъэкIыфу щытын хъуейщ, нэгъуэщI Iуэхухэми зэман ялъыбгъэсын папщIэ. Апхуэдэу зебгъасэмэ, гугъуехьхэм уахуэужьыгунукъым, уи къарур илъынущ.

УсакIуэм и хъыбарегъащIэ

УсакIуэ гуэрым ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэ иIэт. ХьэрычэтыщIэм и Iуэхухэр хъарзынэу кIуатэрт. Нэхъри зригъэубгъун папщIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми зэщIылъигъэIэсыну мурад ищIащ. Абы папщIи и унэ лъапсэр ищэу, Iэпхъуэну и гугъэт. Ар усакIуэм елъэIуащ и унэр зэрищэжымкIэ хъыбарегъащIэм, газетым къытридзэн папщIэ, тIэкIу хухэплъэжыну.
УсакIуэм тхылъымпIэ кIапэрэ къэрэндащрэ къищтэри, хъыбарегъащIэ тхыгъэр итхащ: «Къуажэ гуэрым щащэ гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ я кIуапIэу зы унэ лъапсэ мыин дыдэ. И  гъунэмкIэ щежэх псы цIыкIур зэн-зэныпсым хуэдэу къабзэщ. ПщэдджыжькIэрэ жыг баринэхэм я къудамэхэм бзухэр щобзэрабзэри, гуапэу укъагъэуш. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм унэм нур тредзэ, дыгъэр щыкъухьэкIи, псэр зыгъэтынш жьауэ трещIэ. Жыг хадэ цIыкIум хьэуар щыкъабзэщ, пхъэщхьэмыщхьэмрэ удз гъэгъамрэ я мэр хэзщи».
Мазэ бжыгъэ докIри, усакIуэр щIоупщIэ ныбжьэгъум и унэр хуэщамэ.
- Уэ птха хъыбарегъащIэм сыкъеджа нэужь, си унэр сщэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэжакъым. ЗыкIи схуэхъуэжынукъым си лъапсэ телъыджэр, - къитащ жэуап.

Жэуап

ГъуэгурыкIуэр мэлыхъуэм еупщIащ:
- Нобэ махуэм и щытыкIэнур дапхуэдэу пIэрэ?
- Сэ сфIэфIым хуэдэнущ! - жиIащ мэлыхъуэм.
- Дэнэ щыпщIэрэ ар пфIэфIынрэ пфIэмыфIынрэ?
- Уигу ирихь псори гъащIэм зэуэ къузэримытыр къызгурыIуа нэужь, сиIэмрэ слъагъумрэ фIыуэ слъагъуу зезгъэсащ. Сэ шэч къытесхьэркъым, дунейм нобэ сыт хуэдэу зызэрихъуэкIми, ар сигу зэрыдыхьэнур!

ШабзитI

ШабзэкIэ уэфу зызыгъасэ щIалэ цIыкIум шабзитI къищтэри, лэжьыгъэм пэрыуващ. АрщхьэкIэ, и гъэсакIуэм зы шабзэр къыIихри, лъэныкъуэкIи Iуихащ.
- ЕтIуанэ шабзэр щхьэ къысIыпха? - щIоупщIэ щIалэ цIыкIур.
- Сэ къыпIысхар етIуанэракъым, атIэ япэ шабзэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэ шабзэр тIэум щыгъуэми пхутегъэхуэнутэкъым.
- Сыт щхьэкIэ?
- Иджыри зы Iэмал узэриIэм ущыгугъыурэ, япэр къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым.

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: