Лэжьыгъэр зыхуэунэтIар

ЩIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ лъэпкъми езым и жыпхъэрэ щапхъэрэ иIэжщ. Ар зэлъытар абы и цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэмрэ жылагъуэм щытепщэ гупсысэмрэщ. Нобэ,  дунейм зыщихъуэж зэманым,  гъэсэныгъэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ. Ауэ сыт хуэдэ лъэхъэнэми адыгэхэм ди дежкIэ нэхъыщхьэу щытын хуейр лъэпкъ хабзэ, нэмыс зыхэлъ щIэблэ къытщIэхъуэнырщ. Гъэсэныгъэри зыхуэгъэпсауэ щытын хуейри аращ.

Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ куэд яхузэфIэкIынущ, сыту жыпIэмэ анэдэлъхубзэкIэ Iуа псалъэм сабийм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Аращ ахэр гъащIэм хэзышэ, абыхэм дунейр къызэращIэ бзэр. Куэд я уасэщ абыкIэ ди псалъэжьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, гущэкъу уэрэдхэм. Ахэр махуэ къэс зэхэзых сабийм дунейр фIэщIэщыгъуэу, гъащIэр фIэтелъыджэу, гукIэ къабзэрэ псэкIэ къулейуэ къотэдж.

Дэтхэнэ адыгэ пщащэ цIыкIум и дежкIи щапхъэ гъуэзэджэщ ЩоджэнцIыкIу Алий и лирикэ тхыгъэхэм къыщыхьа бгырыс бзылъхугъэхэм я образхэр. Ахэр егъэджыным гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ, сыту жыпIэмэ а образхэм IупщIу къыхощ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ,  гупсысэмрэ хьэл-щэнымрэ. А лъэпкъ нэщэнэхэрщ ди налкъутналмэсыр, илъэс мин бжыгъэкIэ хьэдзэ зырызурэ нэхъыжьхэм зэхуадзыса хъугъуэфIыгъуэр.

Апхуэдэ образ узэщIахэмкIэ литературэр къулейми, нобэрей гъащIэм къыхэгъуэтэгъуафIэкъым зышыIэныгъэр, Iэщабэ-Iущабагъыр, бзэ IэфIагъыр – бзылъхугъэм хэлъын хуей хьэл нэхъ дахэхэр - къызыхэщ щапхъэ. ЦIыхухъу къалэну цIыхубзхэм ягъэзащIэр апхуэдизу куэд мэхъури, гъащIэм хуепIэщIэкI, насыпышхуэм щыгугъыу балигъ гъуэгум техьэ хъыджэбз цIыкIухэр щэныфIэу, бэшэчу, щIыкIафIэу, бзэ IэфIу гъэсэныр гугъу хъуащ. ИтIанэми ар Iэмал зимыIэщ. АбыкIэ аргуэру егъэджакIуэхэм щIэгъэкъуэн тщIыр литературэращ. Тхыгъэхэр щедгъэджкIэ, абыхэм хэт образхэр щызэпкърытхкIэ, къэгъэсэбэпыпхъэщ ухуэкIэ зэхуэмыдэ зиIэ дерсхэр. Апхуэдэхэщ дерс-зэдауэхэр, дерс-зэпсэлъэныгъэхэр, урок-«хеящIэхэр», нэгъуэщIхэри. Сэ ахэр щIэх-щIэхыурэ лэжьыгъэм къыхызогъэхьэри, сощIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми еджакIуэр жыджэру зэрыхэтыр, и Iуэху еплъыкIэр шэщIауэ къызэрыщиIуэтэфыр, Iеймрэ фIымрэ, екIумрэ емыкIумрэ зэхагъэкIыфрэ абы гъащIэм и дерси къызэрыхахыфри.

Шэч хэмылъу, лъэпкъ гъэсэныгъэр ирикъуу, тэмэму убзыхуа хъунукъым, абы адэ-анэхэр къемышэлIамэ. Махуэ къэс зэпсалъэ, зыхуэзэ, псэкIэ япэгъунэгъу цIыху балигъхэм я дуней еплъыкIэр, тетыкIэр ныбжьыщIэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щапхъэщ.

Псоми ди лэжьыгъэр зыхуэунэтIауэ щытын хуейр зыщ: щIэблэ гъэса, узыншэ къытщIэхъуэнырщ.

 

 

АПЭЖЫХЬ Iэминат, егъэджакIуэ.
Поделиться: