ИлъэсыщIэ гукъыдэжхэр

ИлъэсыщIэр кърагъэблэгъэну абы пэплъэхэм, зыхуэзыгъэхьэзырхэм я бжыгъэм илъэс къэс кIэрыху зэпытщ. Мы гъэм, къэралым и цIыхухэм щыщу, гуфIэгъуэ Iэнэхэм пэрысу абы пежьэн мурад зиIэхэр зэрыхъур процент 25-щ. Ар проценти 2-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Ауэ, къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, илъэсыщIэм цIыхухэм хуаIэ гукъыдэжыр гъэ къэскIэ нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэ. Псалъэм папщIэ, 2012 гъэм илъэсыщIэр къезыгъэблэгъэну абы зыхуэзыгъэхьэзырахэр процент 46-рэ хъууэ щытащ. 2015 гъэм а бжыгъэм кIэрыхури, къэнэжар процент 30-щ. 2021 гъэм илъэсыщIэм пежьахэр процент 26-рэ къудейщ зэрыхъужар. 

Япэм щыгъуэ илъэсыщIэр хэIэтыкIауэ, Iэнэ берычэтхэр абы щхьэкIэ ягъэуву щытамэ, иджы шейрэ IэфIыкIэкIэ зэфIагъэкI хъуащ нэхъыбэм. Къэралым и цIыхум и Iыхьэ плIанэм нэхърэ нэхъыбэм мы гъэм илъэсыщIэр кърагъэблэгъэнукъым, ахэр, зэрыжаIэу, шхэнурэ гъуэлъыжынущ. Процент 47-р я унагъуэ хэсыжынущ, процент 12-р зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм «Гарри Поттер» кинофильмым еплъыжыну загъэхьэзыр. Аращ къэпщытакIуэхэм жаIэр. 
Ауэ процент 31-м я дежкIэ Iуэхур апхуэдэу хэплъэгъуэу щытынукъым. Ахэр къэкIухьакIуэ, нэгузегъэужьакIуэ ежьэнущ, къаралым и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъун мурадхэр яIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, абыхэм къызэхакIухьынущ, щIэупщIэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «Золотое кольцо»-м хыхьэ, туристхэм кIуапIэ ящIа къалэхэм щыхьэщIэнущ, языныкъуэхэр кIуэнущ Сыбырым щыIэ «Шерегеш» зыгъэпсэхупIэ лыжэкIэ къыщажыхьым. Хамэ къэралхэм зыщызыгъэпсэхунухэри щыIэщ, апхуэдэхэр проценти 8 мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр здэкIуэныр Тайландырщ. 
ЛъэрыжэкIэ къэзыжыхьынухэр, хьэуа къабзэм хэтыну, уэскIурийхэр зыщIыну зи мурадыр процент 16-м зэрынохьэс. Проценти 9-м хеубыдэ музейхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, нэгъуэщI-къинэмыщI Iуэхугъуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр тезыгъэкIуэдэнухэр. 
ИлъэсыщIэр къыщебгъэблэгъэну щынэхъ пуду къэпщытакIуэхэм къалъытар Марий Элым и щIыналъэрщ. ИлъэсыщIэ Iэнэм трагъэувэну ерыскъымрэ фадэмрэ текIуэдэнур псори зэхэту зэрыхъунур сом 3941-щ. Санкт-Петербург къалэм абы щхьэкIэ сом 5623-рэ бохъшэм къыщыдахын хуей хъунущ, москвадэсхэм – сом 6109-рэ. ИлъэсыщIэр къибгъэхьэну псом нэхърэ  нэхъ лъапIэ щыхъунур Сахалин щIыпIэрщ – сом 7137-рэ. 
Уасэ къедбжэкIахэм хохьэ мандарин, мыIэрысэ, банан хуэдэхэр, хадэхэкIым щыщу – кIэртIофыр, жэгундэр, джэш хъурей гъэфIэIуамрэ нащэфIэIугъэмрэ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ джэдкъазылыр, лыхэкIхэр, бдзэжьейр, кхъуейр, джэдыкIэр, майонезыр, фадэмрэ IэфIыкIэхэмрэ. 
Ауэ, дауэ мыхъуми, илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр щхьэж зэрыфIэфIым хуэдэу ирахьэкI. Дауи, гурыIуэгъуэщ, ахъшэ куэду зиIэхэр унэм щIэубыдауэ зэрыпхущIэмысынур. Абыхэм, ди къэралым и мызакъуэу, дунейри къызэхакIухьынущ, я нэгу зрагъэужьынущ. ЗэрынаIуэщи, цIыхум иIэ хэхъуэм куэд елъытащ. 
Я унэ щIэсыжыну, зыщIыпIи кIуэн мурад зимыIэхэри къыбгурыIуэ хъунущ. Абыхэм я нэхъыбэм апхуэдэ зыгъэпсэхукIэр къыщIыхахыр елъытакъым я улахуэмрэ абыхэм яIэ хэхъуэмрэ. Илъэс псокIэ лэжьа цIыхухэм еша-елIа куэд къахокI. Ахэр хуейщ зыпэрыт IэнатIэр зыщагъэгъупщэу, зыщIыпIи мыкIуэу я унагъуэ хэсыжыну. Абы нэмыщI, яхэтщ сабий цIыкIухэри зиIэ унагъуэхэр. Ахэри хуэныкъуэщ апхуэдэ махуэхэм тыншу я унэ зыщагъэпсэхужыну.
Аращи, илъэсыщIэр хуэмурэ къокIуатэ, адэкIэ щхьэж зэрыфIэфIым, зэрыхузэфIэкIым хуэдэу къригъэблэгъэнущ. Нэхъыщхьэр - ар, псоми угъурлы тхуэхъунырщ. 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: