Адыгэбзэр я псэм хэлъу

 Анэдэлъхубзэр егъэджыныр къыхэзых дэтхэнэми, сызэригугъэмкIэ, гъащIэмрэ щIэблэмрэ хуаIэ щытыкIэр нэгъуэщIщ. Япэрауэ, ахэр иропIейтей я анэдэлъхубзэм жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ гулъытэмрэ. Абы къыхэкIыу я къару псори ирахьэлIэ лъэпкъыбзэр шэрыуэу зыIурылъ, ар фIыуэ зылъагъу икIи зылъытэ щIэблэ адэжь щIыналъэм къитэджэным. Апхуэдэу абыхэм, егъэджакIуэ нэсыр зэрыщытын хуейм хуэдэу, сабийхэр фIыуэ ялъагъу, дэтхэнэ сабийми псэм IункIыбзэIух къыхуагъуэтыфу, я гурыщIэхэмрэ гурылъхэмрэ езыхэми зыхащIэфу. А гуращэхэр зи гъуазэу ныбжьыщIэхэм куэд лъандэрэ ядэлажьэхэм ящыщщ Мэремыкъуэ (Безыр) Жаннэрэ Индэрокъуэ (Ныр) Риммэрэ. А егъэджакIуэ щыпкъэхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс 30-м щIигъуауэ щрагъэдж Аруан районым хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт школым. 
 ЩIэныгъэм пщIэшхуэ щыхуащI, егъэджакIуэ IэщIагъэр щалъытэ унагъуэм къыхэкIащ Мэремыкъуэ Жаннэ. Абы и адэ Безыр Барон къуажэ сабийхэр илъэс куэдкIэ иригъэджащ. И адэ шыпхъухэу ШэIимэтрэ Нэфисэтри я гъащIэри сабий гъэсэным траухуащ. Школым щыщIэса зэманым щегъэжьауэ Жанни щIэхъуэпсырт егъэджакIуэу лэжьэну, сабийхэм яхэтыну икIи, егъэджакIуэ унагъуэм къызэрыхэкIар имыгъэгъуащэу, Псыгуэнсу курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Жаннэ теуващ нэхъыжьхэм пхаша лъагъуэм. Ар япэщIыкIэ щеджащ Налшык дэт педколледжым, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м филологиемкIэ и къудамэм. Щалъхуа къуажэм пэщIэдзэ классхэр щригъаджэу илъэс зыбжанэкIэ щылэжьа нэужь, Жаннэ лэжьыгъэм щыпищащ псэупIэ хуэхъуа Псынабэ къуажэм дэт курыт школым.
Мэремыкъуэр зэфIэкI ин зиIэ егъэджакIуэ гумызагъэщ. Езы Жаннэ зэрыжиIэщи, егъэджакIуэу ущытын папщIэ, уи предметыр куууэ пщIэныр мащIэщ, атIэ уи лэжьыгъэр зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъуу, егъэджэныгъэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэри абы къыщыбгъэсэбэпыфу ущытын хуейщ. Зи бзэр фIыуэ зылъагъу, зи Хэкум гулъытэ нэс хуэзыщI, лъэхъэнэм декIу щIэблэ узыншэ зэригъэсэным сыт щыгъуи хущIэкъуу мэлажьэ а егъэджакIуэ емызэшыжыр.
Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм фIыуэ яригъэлъагъун папщIэ, дерсхэм къадэкIуэу егъэджакIуэм къызэрегъэпэщ классщIыб лэжьыгъэшхуэ: конференцхэр, зэпеуэхэр, олимпиадэхэр, лъэпкъ тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм ятеухуа пшыхьхэр. И IэнатIэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтым и щыхьэту, Жаннэ езыри и гъэсэнхэри сыт щыгъуи жыджэру хэтщ Аруан куейм, республикэм адыгэбзэмкIэ къыщызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм. Хэт къудей мыхъуу, япэ увыпIэхэр куэдрэ къыщахь. Жаннэ иригъаджэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI къыщагъэлъагъуэ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалми. А зэпеуэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ахэр пэрыт зэрыщыхъуамкIэ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэри къыхуагъэфэщащ егъэджакIуэми еджакIуэ цIыкIухэми. 
ЩIэблэр егъэджэным, гъэсэным зэфIэкIрэ къарууэ иIэхэр ирихьэлIэу лажьэ Жаннэ и гъэсэнхэм я псэми къыщегъэушыф хэкупсэ гуращэхэр. Я егъэджакIуэм и лъэужь иувэри, адыгэбзэмрэ литературэмрэ егъэджыныр IэщIагъэу куэдым къыхахыжащ. Нобэ ахэр щолажьэ ди республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм я Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэзыщI Мэремыкъуэр щогуфIыкI икIи ирогушхуэ а егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я текIуэныгъэхэм.
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэфIым гулъытэ игъуэтащ - абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Аруан щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм къабгъэдэкI щIыхь, щытхъу тхылъхэр. 2005 гъэм Мэремыкъуэм къыфIащащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Жаннэ мызэ-мытIэу хахащ цIыхубэ депутату, жылагъуэм щIыхьрэ пщIэрэ къызэрыщыхуащIым и щыхьэту.
Жаннэ хуэдэу ехъулIэныгъэфIхэр иIэу а школ дыдэм щолажьэ Индэрокъуэ Риммэ. Хэкум, лъэпкъым, анэдэлъхубзэм сабийм хуиIэн хуей лъагъуныгъэм и къежьапIэ хъур, адэ-анэм щIыгъуу, школ егъэджакIуэр арауэ зэрыщытыр и лэжьыгъэ хьэлэлымкIэ наIуэ къищIащ а бзылъхугъэ щыпкъэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ сабийхэм езыгъэдж IэщIагъэлIырщ ныбжьыщIэхэм я деж лъэпкъ фащэр нэхъыбэу икIи нэхъыфIу нэзыхьэсыфынур. Ар къалэнышхуэщ, тэмэму зэфIэзыхыфхэми пщIэрэ гулъытэ хэхарэ яхуэщIыпхъэщ. Апхуэдэщ Риммэ. КъыдэкIуэтей щIэблэр тэмэму гъэсэным гурэ псэкIэ хущIокъу егъэджакIуэ гумызагъэр.
И щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту егъэджакIуэр ныбжьыщIэхэм зэрадэлажьэ Iэмалхэр хуабжьу гъэщIэгъуэнщ. Зи щхьэ Iуэхум нэхърэ лэжьыгъэр япэ изыгъэщ бзылъхугъэр и IэнатIэм пэрытщ, абы и щэху псори къищIауэ. Ар къагъэльагъуэ мы гъэм 10-нэ классым, Риммэ зи унафэщIым, щIэс сабийхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ. Я хьэл-щэнкIэ, еджэным щаIэ зэфIэкIхэмкIэ ахэр зэхуэмыдэми, егъэджакIуэр йогугъу ныбжьыщIэхэм я къэухьым зегъэужьыным, цIыху хэтыкIэ егъэщIэным. 
Риммэ и еджакIуэхэри жыджэру хэтщ Аруан щIыналъэми республикэми къыщызэрагъэпэщ олимпиадэхэм, зэхьэзэхуэхэм. Абыхэм ящыщ куэдым а зэпеуэхэм увыпIэ нэхъыщхьэхэр мызэ-мытIэу къыщахьащ. Езы егъэджакIуэми и лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуакъым. И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу Риммэ къратащ щIыхь, щытхъу тхылъхэр. Апхуэдэу 2006 гъэм Индэрокъуэм къыфIащащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр. А гулъытэ лъагэр егъэджакIуэм хуэфащэ дыдэщ. Ар Риммэ къихьащ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэнымрэ жэуаплыныгъэр зыхищIэу зэрыпэрытымкIэ. 
Риммэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ къудейкъым, ар икIи цIыху тыншщ, цIыху пэжщ, хузэфIэкIымкIэ сыт щыгъуи къыбдэIэпыкъуну хьэзыр ныбжьэгъущ, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр езыт лэжьакIуэ Iэзэщ. И дуней тетыкIэ дахэмрэ и лэжьэкIэмрэ екIу унагъуэ дахи иIэщ абы. Риммэ и гуащэр пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу илъэс куэдкIэ а школым щылэжьащ, и щхьэгъусэри информатикэмкIэ егъэджакIуэщ. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэми гъуазэ яхуэхъуащ а анэшхуэмрэ адэ-анэмрэ я щапхъэр. 
Псынабэ жылэми Аруан куейми пщIэрэ нэмысрэ щызиIэ егъэджакIуэхэщ Мэремыкъуэ Жаннэрэ Индэрокъуэ Риммэрэ. Бзылъхугъэ гуащIафIэхэм дохъуэхъу къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIэ. Узыншэу, ехъулIэныгъэ яIэу гъэр ирахьэкIыну, я щIыбагъ къыдэлъ IуэхугъуэфIхэм хуэдэ куэдым хуэIэижьу иджыри бэрэ щIэблэм яхэтыну. 
 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: