Зыпэрыт Iуэхум щыпашэщ

         Ди республикэм щыщ IэщIагъэлI куэд ди къэралым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щолажьэ ехъулIэныгъэхэр яIэу, зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэу. Абыхэм ящыщ зым теухуа хъыбар гуапэ мы махуэхэм къэIуащ. «ПроДокторов» урысейпсо зэпеуэм «2023 гъэм и нейрохирург нэхъыфI» унэтIыныгъэм бжьыпэр щиубыдащ ди хэкуэгъу щIалэ, Москва дэт, Демихов В. П. и цIэр зезыхьэ къалэ клиникэ сымаджэщым и нейрохирург ПащIэ Мурат Валерэ и къуэм.

         Хабзэ зэрыхъуам тету, зэпеуэр Iыхьищу зэпыудауэ екIуэкIащ. Япэ Iыхьэм зэпеуэм хэтыну жэрдэм зыщIа дохутырхэм «ПроДокторов» порталым зыкъыщагъэлъэгъуауэ щытын хуейщ, адэкIэ ахэр зэIэза сымаджэхэм абыхэм я лэжьыгъэм теухуа тхыгъэхэр илъэсым и кIуэцIкIэ ирагъэхьыпхъэщ. Урысейпсо зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм текIуэныгъэм щыхущIэкъуащ медицинэ IэщIагъэлI мин 680-рэ, цIыхубэм я жыIэм тещIыхьауэ абыхэм къыхахыжащ Урысейм и дохутыр нэхъыфIу 165-рэ. ЩэкIуэгъуэм и 18-м Сочи къалэм щекIуэкIащ зэхьэзэхуэм и ещанэ Iыхьэр.   Абдеж наIуэ къыщыхъуащ фIым и фIыжхэр. Абыхэм яхэхуащ ди хэкуэгъу щIалэр икIи «ПроДокторов» урысейпсо зэпеуэм и Гран-при саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.

         ПащIэ Мурат 2008 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэр къиухащ. 2008 - 2010 гъэхэм Москва дэт, Пирогов Н. И. и цIэр зезыхьэ Урысей лъэпкъ медицинэ университетым хирургиемкIэ, 2010 - 2012 гъэхэм РМАПО-м нейрохирургиемкIэ я клиникэ ординатурэхэм щеджащ, илъэс зэхуэмыдэхэм къалащхьэм и медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэ, клиникэ зыбжанэм и щIэныгъэм, Iэзагъэм щыхигъэхъуащ. ПащIэр категорие нэхъыщхьэ зиIэ нейрохирургщ, Хирург-вертебрологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ, иджыпсту и лэжьыгъэр щрихьэкI, Демихов В. П. и цIэр зезыхьэ къалэ клиникэ сымаджэщым и IэщIагъэлI пажэхэм ящыщщ. Мурат зыпэрыт IэнатIэм фIыуэ зэрыхищIыкIым и щыхьэтщ, зэпеуэм ипкъ иткIэ, ар Москва къалэм и нейрохирург нэхъыфIу къызэралъытар.

         Дохъуэхъу ди хэкуэгъу щIалэм и зэфIэкIым хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ зэригъуэтамкIэ икIи адэкIи ехъулIэныгъэхэр иIэу и лэжьыгъэр ирихьэкIыну.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

 

 

 

 

 

Поделиться: