Хьэ хьэулейхэм псэупIэ хуащIащ

Налшык къалэм и уэрамхэм сабии балигъи ягъэшынэу дэт хьэ хьэулейхэм унафэ ягъуэтащ. Къалэ уэрамыщхьэхэм хьэ куэд зэрытетым иригузавэу цIыхухэр куэдрэ къалэ администрацэм тхащ, ауэ иджыщ а гукъеуэм кIэ щигъуэтар.

Налшык къалэ округым и администрацэм и лэжьакIуэ АфэщIагъуэ Руслан зэрыжиIэмкIэ, хьэхэр щаIыгъ, щагъэхъуж IуэхущIапIэр Къэбэрдей уэрамыр щиухыу Прохладнэм хуэкIуэ гъуэгур щыщIидзэм деж тетщ. Къэрал хабзэхэм къызэрагъэувым тету, а IуэхущIапIэм псэущхьэхэм щакIэлъоплъ, щоIэзэ, щаIыгъ.

- Хьи 130-рэ зэуэ щIэхуэнущ а ухуэныгъэм, ар гектари 2-м нэс щIым тетщи, нэхъыбэж щаIыгъыфын хуэдэу иджыри къыпыпщIыхьыжыну Iэмал щыIэщ. Ауэ нобэкIэ дызыхуэныкъуэ псори диIэщ, лэжьакIуэхэри ди куэдщ. Пэжщ, зэман куэд ихьащ мы ухуэныгъэр къызэгъэпэщыным, къытхуагъэува пIалъэми дизэгъакъым. Ар къызыхэкIар – къыдата щIыр нэхъапэIуэкIэ кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэу щытати, щIыр пхрыхурт. Ухуэныгъэр быдэн, кIуэцIрымыщэтын папщIэ, куууэ ех бетон щIэгъэкъуэни 170-рэ хэдгъэжыхьри, абы унэр тетщIыхьыжащ, - жеIэ АфэщIагъуэм.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться: