Зэманым къигъэув хабзэхэр

СвязымкIэ, хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ Урысей къулыкъущIапIэм и Управленэм Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм зэпэIэщIэу семинар къызэригъэпэщащ КИФЩI-м и хэгъэгухэм я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм папщIэ.

Семинарым щытепсэлъыхьащ афияныр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр зэрагъэхьэзыр, зэрызрахьэлIэ е зрахьэлIэным къыхуезыджэ, а къэкIыгъэхэр щащэ щIыпIэхэм, ахэр къыщагъуэтынум теухуа тхыгъэхэр е видеороликхэр зэбграгъэкIыныр къызэремызэгъыр, апхуэдэхэр зыщэхэм я телефоныр е ахэр щыпсэу щIыпIэр хэIущIыIу ящIыныр хабзэм къызэремызэгъым. Зэхыхьэм щыжаIащ а хабзэхэр къызэпызыудхэм зэретхьэкъунур. Афиянымрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ щащэ щIыпIэхэр щхьэтечауэ жамыIэу, ар зэзыхьэлIэ цIыхур и унагъуэм, гъунэгъухэм зэран зэрахуэхъум, абы къишэ мыхъумыщIагъэхэм теухуа тхыгъэхэр, щапхъэхэр традзэныр къызэрезэгъыр къыхагъэщащ. Апхуэдэу зэхуэсахэм зэхыхьэм гулъытэ ин щыхуащIащ экстремист, террорист зэгухьэныгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэмкIэ  хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хабзэхэр къызэпаудмэ, административнэ жэуаплыныгъэ зэрахьынум.

Семинарым хэтхэм къаIэтащ хамэ къэрал агентхэм ятеухуа тхыгъэхэр къыдэкIыгъуэхэм темыдзэным теухуауэ ди къэралым къищта хабзэхэм емыбакъуэным хуэсакъыну. НэгъуэщI къэралхэм я агентхэм я цIэхэр къыщраIуэкIэ е абыхэм я тхыгъэхэр щытрадзэкIэ Iэмал имыIэу ахэр иноагенту зэрыщытыр тхыгъэм къыщагъэлъэгъуэн зэрыхуейр жаIащ. А хабзэр зымыгъэзащIэхэри административнэ жэуапым ирашэлIэнущ. КъыжыIапхъэщ, хамэ къэралхэм я агенту къалъытахэм я цIэ-унэцIэхэр УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и хъыбарегъащIэ сайтым къызэрыщыхьар. Нобэ абыхэм я бжыгъэр цIыху 697-м нызэрохьэс.

КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ зыщыщ лъэпкъым ехьэлIауэ цIыхур зыгъэпуд тхыгъэхэр зэрытрамыдзэным, нэгъуэщIхэми. Псалъэм папщIэ,  хъыбарегъащIэ къыдэкIыгъуэхэм я лэжьыгъэр  дызэрыт илъэсым къапщытати,  хабзэншагъэу къагъэхъуар  зыхуэдэр  экранымкIэ къагъэлъэгъуащ. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм зэхыхьэм хэтхэм чэнджэщ иратащ а щыуагъэхэм хуэсакъыну, армырамэ я лэжьыгъэр къызэрызэтрагъэувыIэнур.

ЗэпэIэщIэ (видео) Iэмалыр къагъэсэбэпри, зэIущIэм хэтащ Роскомнадзорым и Управленэм Ставрополь крайм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, мы IуэхущIапIэм Къэрэшей-Шэрджэсым щиIэ къудамэм и унафэщI Хомюк Игорь, «День республики», «Карачай», «Шэрджэс хэку», «Абазашта», «Ногай давысы», «Черкесск: вчера, сегодня, завтра», РИА «Карачаево-Черкесия» къыдэкIыгъуэхэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: