«ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэнхэр я хьэщIащ

«Къэрал сыхьэтым» хыхьэу, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр яIущIащ ТворчествэмкIэ «Ды­гъафIэ къалэ» сабий академием и 9 - 11-нэ классхэм щеджэ, олимпиадэхэм, зэпеуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэ­лъагъуэ ныбжьыщIэ 49-м.

НыбжьыщIэхэм яхуэзащ КъБР-м и Парламентым Егъэджэ­ныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и уафэщI Емуз Нинэ, Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ, Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ комитетым и унафэщI Кривко Михаил, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир сымэ.
Абыхэм къыхагъэщащ апхуэдэ зэхуэсхэр хабзэ дахэ хъуауэ ­КъБР-м и Парламентым щIэх-щIэхыурэ зэрыщрагъэкIуэкIыр, ныбжьыщIэхэм IэмалыфI зэраIэр хабзэубзыху Iуэхухэм ятеухуауэ яфIэгъэщIэгъуэнхэм абдеж щыщIэупщIэну. ХьэщIэхэр ирагъэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым парламентаризмэр зэрыщызэфIэувамрэ зэрызыщиужьамрэ теухуа видеороликым.
Емуз Нинэ жиIащ зэIущIэр «ДыгъафIэ къалэ» академием и жэрдэмкIэ къызэрызэрагъэпэщар. Ар тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым и лэжьыгъэр зэриубзыхум. Кансаевэ Еленэ ныбжьы­щIэхэр щигъэгъуэзащ депутатхэм я къалэнхэр зэрагъэзащIэмрэ хэхакIуэхэм зэраIущIэмрэ.
Депутатхэр ныбжьыщIэхэм зэрахуэзам и мыхьэнэр зэрыиныр къыхигъэщащ Кривко Михаили. Ар тепсэлъыхьащ зи унафэщI комитетым и IуэхущIафэм, депутатхэр къулыкъущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрадэлажьэм, законхэмрэ жэрдэмхэмрэ къызэращтэм.
Безгодькэ Владимир ныбжьыщIэхэм яжриIащ щIэныгъэм, техникэм, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм тегъэщIа IэщIагъэхэм иужьрей зэманым щIэупщIэ зэраIэр, абыхэм гулъытэ зэрыхуащIыпхъэр. Апхуэдэуи абы ахэр къыхуриджащ КъБР-м и Парламентым илъэс къэс иригъэкIуэкI «Си хабзэубзыху жэрдэм» зэпеуэм жыджэру хэтыну, адэкIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хыхьэным егупсысыну.
ЩIалэгъуалэм депутатхэм упщIэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыхуагъэзащ. Ахэр теухуат хабзэхэр къызэращтэм, республикэм егъэджэ­ныгъэр, социально-политикэ Iуэхухэр зэрыщызэфIахым, ЩIалэ­гъуалэ палатэм и лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм и кIэм депутатхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ, КъБР-м и Парламентым и унэм зыщаплъыхьащ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: