Узыншагъэр хъумэныр къызэрызэрагъэпэщыр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щэкIуэгъуэм и 16-м зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. 

Абы законопроект зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъ­хьащ, къищынэмыщIауэ, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым медицинэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэр зэрырагъэфIакIуэм щытепсэлъыхьащ.
Депутатхэр арэзы техъуащ Эльбрус районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж ­хеящIэм и къулыкъум Согаевэ Элинэ ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и зыу­жьыныгъэм ахъшэ хэзылъ­-    хьэ IуэхущIапIэхэм я хэхъуэм ­щхьэщатыкI налогыр яхуэгъэ­мэщIэнымрэ IэнатIэхэм я мылъкум телъ налогымкIэ ­хуэгъэкIуатэ яIэнымрэ теу­хуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м, «КъБР-м и автомо­биль г­ъуэгухэмрэ гъуэгу лэ­жьыгъэ­хэмрэ» КъБР-м и Зако­ным халъ­хьэну зэхъуэкIыны­гъэхэм.
«IуэхущIапIэхэм я мылъкум теухуа налогым и IуэхукIэ» ­КъБР-м и Законым и Iыхьэ езанэмрэ етIуанэмрэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэным теу­хуауэ» КъБР-м и законым и проектым и гугъу щищIым, КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Афэ­щIагъуэ Михаил жиIащ дэф­тэрыр зэрагъэхьэзырар «УФ-м и Налог кодексым и Iыхьэ езанэмрэ етIуанэмрэ, къэралым нэгъуэщI и законода­тельнэ актхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ Законыр къызэращтам ипкъ иткIэ. Къэпсэлъам къызэ­рыхигъэщамкIэ, зи гугъу ящI налогым и процентыр 0,3-уэ ягъэувынущ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр ягъэхьэзыращ «УФ-м и законодательнэ акт щхьэхуэхэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ФЗ №449-р 2023 гъэм шыщхьэуIум и 4-м къызэращ­там ипкъ иткIэ. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэ­бэ­пынымкIэ, экологиемрэ дыкъэ­зыухъуреихь дунейр хъу­мэным-
кIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур зэрыжиIамкIэ, ар хуэгъэзащ щIыуэпсым зэ­раныгъэ къыхуэзыхьхэр щы­зэтрихьэ щIыпIэхэр гъэбелджылынымрэ ахэр гъэкIуэ­ды­жынымрэ теухуауэ хабзэхэр зэрызэрагъэзахуэм, икIи а Iуэхур пщэрылъ щащI щIыналъэ унафэщIхэм. 
Депутатхэм къащтащ «ЦIыху­хэмрэ я хьэпшыпхэмрэ къы­зэрырашэкIыр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ» ­КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м и Парламентым Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэны­гъэм­рэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ тепсэлъыхьащ «Егъэджэныгъэм теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-м  халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, дэфтэрыр ягъэхьэзыращ «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэм дыщIагъум теухуауэ» Феде­ральнэ Законыр къызэращтам ипкъ иткIэ. Абы тету къыхалъ­хьэ КъБР-м и Правительствэм и пщэрылъхэм дыщIагъуну сабий зеиншэхэм, адэ-анэ зы­щ­хьэщымытхэм, апхуэдэхэм ящыщу зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэ­тынымкIэ программэмкIэ еджэ­хэм тхылъхэмрэ зэрытхэ Iэмэпсымэхэмрэ къызэращэ­хунумрэ мазэ къэс къэралым зэрызащIигъакъуэ ахъшэр зыхуэдизынумрэ игъэбелджы­лыныр. 
Республикэм цIыхухэм ща­гъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэм зэрызыщрагъэужьым ­теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ КъБР-м узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ къаIэта Iуэхум мы­хьэнэшхуэ зэриIэр, абы сыт щыгъуи я нэIэ тетын зэрыхуейр.
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и Зэры­зыхуигъазэхэм илъэс къэс къыщыхегъэщ узыншагъэмкIэ IэнатIэм зэрызегъэужьыпхъэр, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыфIу зэрагъуэтыну Iэмалхэр егъэфIэкIуэныр, - жи­Iащ Егоровэм. - Шэч хэмылъу, ди республикэм абыхэм ятеу­хуауэ куэд щызэфIагъэкI, сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ зэгъэпэщыжын хуейми, щIэхэр яухуэнми, иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщынми, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынми, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ. УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ къыщыкIуам къыхигъэщащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэриIэр. Ауэ, дауи, дызэлэжьыпхъэхэр иджыри щыIэщ. 
Къалэбатэ Рустам къытеувыIащ республикэм и къуа­жэхэмрэ жылагъуэ нэхъ пхы­дзахэмрэ медицинэ дэIэпы­къуныгъэр зэрыщагъуэтым, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, цIыхухэр нэхъыбэ зэрылIыкI узыфэхэм, нэгъуэщIхэми. 
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, «КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм хухах ахъшэр мы гъэм сом мелард 16-м щIигъуащ, ап­хуэдэуи иужьрей илъэситхум хуэдищкIэ нэхъыбэ хъуащ цIыху щхьэхуэхэр хуэгъэкIуатэ яIэу ­хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым трагъэкIуадэм - сом мелуан 290-м къыщыщIэдзауэ сом мелуан 845-м нэсу. IэщIагъэлIхэмкIэ я Iуэху зытетым щытепсэлъыхьым, Къалэбатэм къигъэлъэгъуащ «Земский доктор» программэмкIэ мы ­зэманым дохутыррэ медицинэ лэжьакIуэу 150-м нэблагъэ ­къуажэхэм лэжьакIуэ зэры­кIуар.
Депутатхэм министрым уп­щIэхэр иратащ, IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм, цIыху­хэр и чэзум я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIым, медицинэ Iуэ­ху­щIапIэхэм нэхъыфIу къалъытэ IэщIагъэлIхэр къызэры­ра­ша­лIэм, нэгъуэщIхэми ятеу­хуауэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: