ЩIы Iыхьэ зратыпхъэхэр ягъэбелджылы

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджы­благъэ иригъэкIуэкIа зэ­Iу­щIэм депутатхэр щыхэп­лъащ Iуэхугъуэ 30-м нэблагъэм.

Абыхэм ящыщт «ЦIыху щхьэ­хуэхэм псэупIэ яухуэн папщIэ   щIы Iыхьэ пщIэншэу Къэбэрдей-­Балъкъэрым зэрыщратымрэ ­КъБР-м и ЩIы кодексым и Iыхьэ 14, 17-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ Iыхьэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ­теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр.
Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, пщIэншэу щIы Iыхьэ къра­тыну хуитыныгъэ яIэщ: абы хуэныкъуэу республикэм щып­сэухэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэм, Урысей Федерацэм и ЛIы­хъужьхэм, дзэ Iуэху хэхам хэту къэрал дамыгъэхэр зы­хуа­гъэ­фэщахэм, зауэм и ветеранхэм, апхуэдэуи лIыхъужьыр хэкIуэ­дамэ, абы и унагъуэм щыщхэм (унагъуэщIэ зымыу­хуэжа щхьэ­гъусэм, балигъыпIэ ныбжьым нэмыса и сабийхэм, япIыну къащтахэм, илъэс 18-м щIигъуахэм (а ныбжьым нэмысу ныкъуэдыкъуэ хъуамэ), щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэм (илъэс 23 пщIондэ), адэ-анэхэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ ко­эффициентыр 2024 гъэм те­-щIыхьауэ щыгъэбелджылын» ­КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ поли­тикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен зэрыжиIамкIэ, законопроектыр республикэм и Правительствэм къыхилъхьащ, хамэ къэралхэм щыщу щIы­налъэм зи лэжьыгъэ къыщызэ­зыгъэпэщ цIыху щхьэхуэхэм я коэффициентыр 2024 гъэм 3,0-м хуэзэу хуагъэувын папщIэ. Нэхъ ипэкIи, 2021 - 2023 гъэхэми, бжыгъэр апхуэдэу щытащ.
- Абы Iэмал къыдет лэжьыгъэ къалъыхъуэу Iэпхъуэшапхъуэ­-хэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ ­тщIыну, лэжьыгъэ Iуэхухэр ­щIыналъэм зэтес щыхъуну, псом хуэ­мыдэу республикэм щыпсэухэр IэнатIэкIэ къызэдгъэпэщыну, ­къищынэмыщIауэ, хамэ къэрал щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым зи лэжьыгъэ къы­щызэзыгъэ­пэщхэм я хэхъуэм щхьэщатыкI налогым хэдгъэ­хъуэну, - къыхигъэщащ къэп­сэлъам.
Депутатхэр зэIущIэм щыхэп­лъащ федеральнэ законхэм я проектхэм, УФ-м и щIыналъэхэм къабгъэдэкI жэрдэмхэм. Ахэр ­теухуат УФ-м и муниципальнэ ­IэнатIэм, щIыпIэ унафэр къы­зэ­рызэрагъэпэщ щIыкIэхэм, сату Iуэхум и лъабжьэхэм, щэхуа­кIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъу­мэ­ным, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ я спорт лагерхэр зэгъэпэщыжыным, нэгъуэщIхэми.
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Парламентым Промышленнос­тымкIэ, транспортымкIэ, свя­зымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и ко­митетым и унафэщI Байдаев Сэлихь зэIущIэм хэтхэр щигъэ­гъуэзащ республикэм и авто­мобиль гъуэгухэмрэ гъущI ­гъуэгу зэпрыкIыпIэхэмрэ шы­нагъуэн­шэу щытыным теухуауэ КъБР-м и Парламентым и Президиу­мым ищIа унафэр зэрагъэзащIэм.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: