Псым зэ узэпрысыкIамэ, нэхъ утогушхуэ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и фIыщIэмрэ и щытхъумрэ адыгэ лъэпкъыр куэд щIауэ ирогушхуэ. Апхуэдэ гушхуэныгъэ къытхэзылъхьэхэм язщ Егъэн (Багъэтыр) Мадинэ.
Бгы лъапэм къыщыпхиуда псынэ цIыкIум мыпхуэдэ псымкIэ сунэтIынщ жиIэу къежьэркъым. Ар езыр-езыру унэтIаи и гъуэгу къигъуэтыжаи мэхъу. Абы ебгъэщхь хъунущ Мадинэ. Абы игу къэкIыххэртэкъым артисткэ хъунуи, цIыхум зи щытхъу яхуэмыух ансамблым зэгуэр хыхьэнуи. И ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэм хуэдэу еджапIэ кIуэрт, и адэ-анэм я жыIэ едаIуэрт. Ауэрэ а зи гугъу тщIа псынэпс цIыкIум ещхьу, езым и жапIэ игъуэтыжащ, хуэкIуащ хуэм-хуэмурэ псышхуэм. ХуэкIуащ, зыIущIэхэм жьэхэмыуащэу, ягу-ял имыгъэузу яблэкIыурэ. 
Апхуэдэу щIыжытIэр Егъэныр мы ансамблым щыхуэкIуэм абыкIэ мыарэзы гуэрхэри щыIащи аращ. А псом я щхьэт и адэр. Хьэуэ, абы гъуазджэр зищIысыр имыщIэуи и лэжьакIуэхэм пщIэ яхуимыщIыуи аратэкъым. Ар езыр журналистт, шынэу къыщIэкIынт и хъыджэбзыр а IэнатIэм емызэгъынкIэ. ИужькIэ ари арэзы хъужащ…
Курыт еджапIэми пщафIэхэр щрагъаджэ училищэми щыщIэсам зэпымыууэ къэфащ зи Iэпкълъэпкъыр абы хуэщIа Мадинэ - мыувыIэу ар хэтащ художественнэ самодеятельностхэми. 
…НтIэ, «Кабардинка» гупым и къэфакIуэ Марыщ Заур училищэм къэкIуауэ художественнэ самодеятельностым хэтхэм яхэплъэрт, абы къыхашу езым зыхашэ хъун къилъыхъуэу. Мадинэ зыгуэрхэм я къуагъым зыкъуигъэпщкIуат, Заур гъунэгъу къыщыхуэхъум.
«ЛIо, Багъэтырхэ япхъу, зыщIэбгъэпщкIур?» - жиIэри къыбгъэдыхьащ ар, икIи къыхитхыкIхэм яхигъэхьащ. КъэфакIуэхэм зыщагъасэхэм кIуэурэ, ансамбль цIэрыIуэм и унафэщIу щыта Ульбашев Мутаи хъыджэбзым зэфIэкI ин делъагъу. ЯфIэщу иужь йохьэ Мадинэ къэфакIуэ Iэзэ къыхащIыкIыну. ДыщэкI ФатIимэт, «Кабардинка»-м я пшынауэри, щIэх-щIэхыурэ къеупщI хъуащ, ухуейт ди ансамблым укъыщыфэну? - жиIэурэ. АрщхьэкIэ езым зэкIэ дзыхь ищIыртэкъым арэзы хъуну…
Къафэ гъуазджэм хьэщыкъ техъуауэ псэу цIыху хьэлэмэтыщэхэм я хьэлыр умыгъэщIагъуэу къанэркъыми аращ мыр къыщIедгъэкIуэкIыр. Сыт хуэдэу хъыджэбзым гугъу зыкъыдрагъэхьа ансамблым хыхьа нэужьи! ИкIи, псори къызэрыщыгугъауэ, Багъэтыр-Егъэныр ансамблым и къэфакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ зы хъуащ, «КъБР-м и цIыхубэ артисткэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. 
- Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщынут Iэсей Светланэ. Сыт хуэдэу къызэлIэлIа а къэфакIуэ хъарзынэр. ДыщэкI ФатIимэт-щэ?! Къафэр си нэгу къызэрыщIыхьэр си Iэ-си лъэр, си пкъыр зэрызгъэлэжьэфынуратэкъым, атIэ а пшынауэм и макъамэут. ФатIимэт къыздэлажьэурэ, сыхъуат апхуэдэу, - игу къегъэкIыж Мадинэ. 
Езыми зэрыжиIэщи, артисткэ щыпкъэм и ехъулIэныгъэхэр иIэнтэкъым, ДыщэкIыр мыхъуамэ. Абы хъыджэбзым къыдэIэпыкъуну зэман къигъуэтырт, лэжьыгъэ нэужьми гугъу зыкъыдригъэхьырт. ДыщэкIым и фIыщIэкIэ, Егъэным и Iэзагъэм имытхьэкъурэ абы пщIэ хуищIу темыпсэлъыхь-къэзымылъытэрэ гъуазджэм хэзыщIыкIхэм яхэмыт хъуащ. 
«ЩыIэщ музыкэмкIэ талант зиIэ цIыху, ар и IэщIагъэу имылъытэжми. Апхуэдэщ Мадинэ. УарихьэлIэркъэ консерваторэ къаухауэ, ауэ талант зыбгъэдэмылъхэм? Егъэн Мадинэ макъамэ защIэу зэпкърылъщ. Абы и Iэпкълъэпкъ псом уэрэдым зыдещI. Уэрэдыжьхэри уэрэдыщIэхэри уэрэджыIакIуэ языныкъуэхэм нэхърэ мынэхъыкIэу ещIэ икIи жиIэфынущ. Ар абы сэбэп къыхуэмыхъуу къанэркъым къыщыфэкIэ - еIэт а макъамэ пкърытым. Ар слъагъуху, сызэгупсысыр зыщ - мис мыпхуэдэу, зы цIыху фIэкIа мыхъуми, сэ згъэсауэ дунейм тетамэ, сынасыпыфIэу зызбжыжынут… Мадинэ къафэу щыслъагъукIэ, япэу макъамэ зэхызох, итIанэщ езы къафэ игъэзащIэм гу щылъыстэр», - жиIат композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн. 
«Нэхъапэхэм, утыкум ущемысам щыгъуэ, фи джэгукIэр ягу ирихьауэ Iэгу къыщыфхуеуэкIэ, дауэ зыхэпщIэрэт?» - деупщIат Мадинэ. 
- Утыкум щIэх дыдэ сесащ сэ. Ауэ зы пщыхьэщхьэ закъуэ хэтщ адрейхэм емыщхьу. Абы щыгъуэ си адэр концертым зэрыщIэсыр сщIэуэ сыкъихьат утыкум. Сэ зы Iыхьэ мыхьэнэншэ цIыкIут программэм щыщу згъэзэщIэн хуейр. ИтIани, абдеж сигу къэкIыжат абы къызжиIауэ щытар: «ПхузэфIэмыкIыну Iуэхум зомыпщыт, ди напэ тумых!». Зыгуэру къызэмыхъулIэмэ, псори абдеж щиухынкIэ шынагъуэ щыIэт. Ауэ… сыпэлъэщат. Сыплъэмэ - си адэр къэтэджауэ Iэгу еуэрт, адрейхэм яхэту. Унэ лъэгу сызытетыр зыхэсщIэртэкъым, сылъэтауэ къысщыхъурти. Си гъащIэм нэхъ гуфIэгъуэшхуэу слъэгъуахэм ящIыгъущ а пщыхьэщхьэри, - жиIат бзылъхугъэм.
АдэкIи лэжьыгъэ, лэжьыгъэ, лэжьыгъэ… Пшахъуэ зэщIэгъущIам псыр зэрызыщIифым хуэдэу зыщIеф къафэм уи пщIэнтIэпсыр. ЗымыщIэм къыфIэщIынкIэ мэхъу укъафэу утыку уитыныр нэгузыужь къудейуэ. Езы зи фэм дэкIращ абы гугъуехь пылъыр зыхуэдэр зыщIэр. НэгъуэщIу уегупсысмэ, псы зэпрысыкIыным ебгъэщхь хъуну пIэрэ къафэр? Псым зэ узэпрысыкIамэ, нэхъ утогушхуэ, ауэ дапщэрэ узэпрымыкIами, уемыгугъуу, къару иумыхьэлIэу хъунукъым.
Егугъуу, къаруи ирихьэлIэу къофэ Мадинэ. Польшэ, Голландие, Бельгие, Сирие, Франджы, Тырку… «Кабардинка»-м и дунейр инщ. Ежьэгъуэ къэс зыхуэгъэхьэзырын хуейкъэ! Уи щэнхабзи нэгъуэщIи щымыгъуазэхэм уащыхыхьэмрэ уи Хэку ущисыжымрэ зыкъым - уи напэр лъэпкъ напэщ абдежым. Абы къалэн куэд къыпщещI. А къалэныр пхуэгъэзэщIэнукъым уи лъэпкъыр, щIыналъэр фIыуэ умылъагъуу. Ялъагъу икIи. Псоми ялъагъу. Мадинэ щылэжьа илъэсхэм ансамблым и тхьэмадэу щыта Думэныщ Iэулэдин щхьэкIэ жеIэ: «Думэныщ Iэулэдин и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр егъэлеящ. Iэулэдин дежкIэ лъэпкъыр тхьэ пэлъытэщ. Лъэпкъ лъагъуныгъэм къыщежьэу къыщIэкIынщ псори. Уи лъэпкъым и гъурри и цIынэри умыщIэмэ, Iэзагъ уиIэкIэ зэфIэкIыркъым. Къэтщтэнщ «Созрэщ» къафэр. Созрэщ - гъавэм, пхъэщхьэмыщхьэм, унагъуэ жьэгум я тхьэщ. Созрэщ теухуауэ тщIэн хуей псом Iэулэдин къытхэту дытемыпсэлъыхьауэ, фIыуэ зэдмыгъэщIауэ къэфэн зэи щIэддзэртэкъым».
Ар пэжу къыщIэкIынущ. Лъэпкъ къафэр лъэпкъым и хьэл-щэным, и тхыдэм, и гъащIэм къыщотэдж. Мис ар къоплъым ебгъэлъагъуфу щытмэщ уи къафэр къафэ щыхъур. 
ЕтIысэх яIакъым ансамблым хэтхэм нэхъыжьи нэхъыщIи. ЩыIащ ахэр я лъэм имыIыгъыжу, я псэр пыхуу унэм щекIуэлIэж. 
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, зы лэжьыгъи къохъулIэркъым уигу, уи псэ, уи зэман, уи къару епхьэлIэу упэщIэмытауэ. Мыпхуэдэ IэнатIэр къэнэн?! Iуэхуратэкъэ, Мадинэ и щхьэзакъуэтэкъым, унагъуэ хэст, унагъуэшхуэ - бын, гуащэ, тхьэмадэ, щхьэгъусэ. Абыхэм уи IэщIагъэр къызэрыбдаIыгъым куэд елъытат. АбыкIэ и насып къикIат Мадинэ. И щхьэгъусэ Егъэн Аслъэни мы ансамбль дыдэм и къэфакIуэт.
Мадинэ адыгэ унагъуэ тэмэм, нэмыс зэрылъ щапIащ, цIыху фIыуэ илъагъуу, щIыкIафIэу гъэсауэ къэхъуащ. АбыкIэ жысIэнуращи, фIым Iей къишэркъым.
«Къафэм зи гъащIэр тезыухуэм ищIапхъэщ: уи фIэщу а IэщIагъэр уигу илъмэ, быдэу улэжьэн хуейщ. Зэи пщымыгъупщэу… къыщыпкIухькIи укъафэ уи гугъэжу. Къыпщыхъун хуейщ гъащIэр, дунейр уи гъусэу къафэу», - щIэщыгъуэщ и гупсысэр Егъэнми.
… КъэфакIуэ ансамблыр утыкум итщ. Зэм псы пыхуу зрач щIалэ къуданхэм, зэми хуэм мэхъуж, тафэм телъэда нэхъей. Хъыджэбзхэр зэпIэзэрытщ. Хъейуэ умыщIэну щумэзэхыпи къахэкIыу. А псом щыму еплъ дэтхэнэми игу щыщIэхэр зэтехуэркъым. Хэт псынщIагъым, хэти Iэдэбу щызэщIэувыIыкIым дехьэх. А псори зэхохьэж, дуней псом зи Iэзагъ яхуэмыух «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблу. 
ПАЩТЫ Раминэ.
Поделиться: