IэмалыщIэхэр къагъэунэхуащ

ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къэбэрдей литературэм къыхыхьа бзылъхугъэ усакIуэхэм адыгэ усыгъэм и зыужьыкIэм щIэщыгъуагъ халъхьащ, мотивыщIэхэр, ахэр зэраIуатэ IэмалыщIэхэр къагъэунэхуащ. Апхуэдэщ Бэлагъы Любэ, Лъостэн Музэ, Хьэкъун Риммэ, Мыжей Маржэнэт, Къаныкъуэ Заринэ, Аброкъуэ Беллэ сымэ, нэгъуэщIхэми я усыгъэр.
Бэлагъы Любэ и усэхэм нэхъыбэрэ къапкърыщыр хэкупсэ гупсысэхэрщ, апхуэдэу щIыщытри щхьэусыгъуитIкIэ щIэгъэбыдащ. Япэрауэ, ар зэхьэлIар дэтхэнэ усакIуэ псэ пIащIэми хуэдэу, абы и хэкури, щалъхуа щIыналъэри, и лъэпкъри фIыуэ зэрилъагъурщ. ЕтIуанэрауэ, и сабиигъуэр щигъэкIуа жылэжьымрэ и адэжь лъахэмрэ пэIэщIэу хамэ щIыпIэ зэрыщыпсэурщ. Аращ усакIуэр щалъхуа Къармэхьэблэ къуажэм сыт щыгъуи щIыхуэзэшыр. Апхуэдэу щытми, Бэлагъыр гу къуэпскIэ и лъапсэжьым епхащ икIи «Си Къармэхьэблэ…» усэм щетх:
Сэ куэдрэ куэдрэ уэ сынопсалъэ,
Сэ жэщкIэрэ жэщкIэрэ уэ сынопщIыхь,
Мы дунеишхуэм тетмэ зы налъэ,
Ныпхуихьыфыну хъыбар – ар сIурылъщ.

Усэм и къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэм деж усакIуэм хэкур, щалъхуа и къуажэжьым и образыр гум и пщтырагъым икIи и къабзагъымкIэ къегъэлъагъуэ, зэгъэпщэныгъэ нэрымылъагъукIэ щIэгъэбыдауэ. УсакIуэр и хэкумрэ и жылэжьымрэ сыти хуэхъуфынущ, уеблэмэ и гъащIэри щхьэузыхь хуищIыну хьэзырщ.
Зыужьыныгъэ зыгъуэтахэм ящыщщ Бэлагъым и лъагъуныгъэ, философие лирикэхэри. Абы щыгъуэми зы усэм и кIуэцIкIэ ахэр щызэхэшыпсыхьар мащIэкъым. Апхуэдэщ «КъытещхьакIэщ нэху…», «Дауэ узимыIэу сыпсэуа?..», «Тхьэм сыпхуолъэIу», «Лъагъуныгъэ гугъу…», «Уезэшащ…», «КъыумыщI си жагъуэ…», нэгъуэщI куэди.
«Тхьэм сыпхуолъэIу» усэм гурыщIэ къабзи, гуапагъи, лъэпкъ зэхэщIыкIкIэ псыхьа дуней лъагъукIи къыпкърощ:
Итщ зэпымычу гъэунэхупIэ,
Си лъагъуныгъэ ежьэжар,
«Насып Iыхьэ мыгуэшыр» натIэт? …
Бжыгъэнши нэ къыттеплъызар!

ЦIыхур къэзыухъуреихь дунейм нэхъуеиншэу щыхэплъэм дежи, зи гугъу
тщIы усакIуэ гупым псом япэу къалъыхъуэр псэм къыхуигъэув упщIэхэм я жэуап къезытыфыну къэхъукъащIэхэращ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, Къаныкъуэ Заринэ и усыгъэр. ЦIыху куэдым гурыIуэгъуафIэ ящыщIыным хущIэмыкъущэ щытыкIэр занщIэу мыбдеж къыщыболъагъу. Заринэ и лирикэм хэт лIыхъужьыр псоми екIуалIэ щытыкIэ къызэрыгуэкIым зэрытемыхьэр нэрылъагъущ, – сатырхэм къахэIукIыр цIыхубз макъщ. Псом хуэмыдэу IупщIу ар щынэрылъагъущ «СыкъызэплъэкIри – зыслъагъужырт» зыфIища усэ кIэщI цIыкIум:
Зыщыслъагъужым куэд скIэрыхури,
Сыкъэхъури псынщIэ, зэу сыбзэхт…
СыщIэгъри сыт?
Сыт сыщIэгуфIэр?
А псор абдеж къысфIэмыIуэхут…

Къаныкъуэ Заринэ и усыгъэм хэкупсэ мотивхэр щымащIэкъым. УсакIуэ куэдми хуэдэу, хэкум и образыр къызэригъэлъагъуэр абы и блэкIа гуузыр, бэлыхькIэ гъэнщIа и тхыдэр и усэ сатырхэм хиухуанэкIэрэщ. АбыкIэ зэфIэгъэува мэхъу лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэри, къызэринэкIа лъэпощхьэпохэри, нэхъыщхьэращи, хэкум и образу гугъуехьхэм жыру япсыхьар. «Щытепщэр гъуэгущхьэм уэ къащIэ…» усэм Къаныкъуэм хэкум и образым хегъэшыпсыхь абы къыхуэпабгъэрэ къыхуэхъуапсэу зи гъащIэр зыхь хэхэсхэм я гурыгъухэри:
Щэнауэу и ныбжь къеутIыпщыр,
Лъэпкъ тхыдэу зи пэж ямытхам.
ХамэщI и къуэж-къуэпс щыщIоупщIэ
ХуэлIапэу хэкужь и хьэуам.

Усэм и кIэухым деж усакIуэр и хэкумрэ и лъэпкъымрэ я къэкIуэну дахэм
и гупсысэр хуегъэлъащэ, фIытеIуэ псалъэхэмкIи еух:
Ухэтми зэи къизымыдзэ
Зэманыр уи бийми, си лъэпкъ,
Къэблагъэу кIэухыр умыдэ
ХэкIыпIэ къуитыну солъэIу.

 

 

Хэжь Ленэ.
Поделиться: