Ди зэхуэдэ къалэн

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и гъащIэм и анэдэлъхубзэм увыпIэшхуэ щеубыд. Къапщтэмэ, лъэпкъыр щызыгъэIэжыр абы Iурылъ и бзэрщ. Ар къызыгурыIуэхэр хущIокъу абы зэрызрагъэужьыным, и гъуэгур нэхъ кIыхь зэращIынум. Псом хуэмыдэу бзэм теухуа гурыгъузэхэр яIэщ лъэпкъ цIыкIухэм. Ди анэдэлъхубзэр, адыгэбзэр, зыхуэдэм, абы и къарум, ар хъума зэырхъуным теухуащ Къармокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.
 
«Анэдэлъхубзэм хуэдэу игъэлъапIэ хъугъуэфIыгъуэ къыдэгъуэгурыкIуэркъым цIыхум. Аращ, псом япэрауэ, зы лъэпкъыр адрей лъэпкъхэм къащхьэщызыгъэкIыр. И анэдэлъхубзэр имыIэжмэ, лъэпкъыр хэкIуэдэжауэ плъытэ хъунущ – абы шэч хэлъкъым. Илъэс мин Iэджэ и ныбжьщ ди анэдэлъхубзэм – адыгэбзэкIэ дызэджэм. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, пасэрей дунейм (илъэс миниплI-тху и пэкIэ) щыцIэрыIуа хьэтхэм я благъэщ адыгэхэр, я анэдэлъхубзэми лъабжьэ хуэхъуар къэралыгъуэ лъэщ зыухуауэ щыта хьэтхэм я бзэрщ. Апхуэдиз ныбжь щиIэкIэ, ди анэдэлъхубзэм – адыгэбзэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ къэсащ ди лъэхъэнэм. Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэми гу лъатащ абы – пасэрей адыгэбзэр къулейуэ зэрыщытам. Нарт пшыналъэхэм нэхъ щыхьэтыфI ухуейкъым: абыхэм я бзэр апхуэдизкIэ шэрыуэщ, къулейщи, итхыгъащ Хъан-Джэрий, ахэр Гомер хуэдэ усакIуэ щэджащэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ фIэкI пщIэркъым. ХъанДжэрий игу къеуэу итхыгъащ мыри: нарт пшыналъэхэмрэ пасэрей уэрэдыжьхэмрэ я бзэм еплъытмэ, нобэрей ди анэдэлъхубзэр нэхъ гуащIэмащIэ зэрыхъуам гу лъытэгъуафIэщ. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: лIэщIыгъуэ кIыхь IэджэкIэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэбзэр, зыужьыпIэ ирамыгъахуэу, тхыбзэм имыузэщIу. Дэтхэнэ лъэпкъыбзэми и натIэщ ар: зэ зречри зеужь, зэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхокIри, и Iэпкълъэпкъыр щIолIэ, уеблэмэ лъэпкъым щыIэщIэгъупщыкIыжыпи къохъу. Лъэпкъыбзэ куэдым къащыщIащ апхуэдэ насыпыншагъэ – бзэ мащIэ IэщIэкIуэдэжакъым тхыдэм. ЗэралъытэмкIэ, бзэ минихым нэблагъэ тетщ нобэ дунейм. Абыхэм я нэхъыбапIэм я уахътыр къэсауэ, якIужын щымыIэу ялъытэ щIэныгъэлIхэм: лъэпкъышхуэхэм я бзэхэр къатегуплIэурэ, гува-щIэхами кIуэдыжынурэ тхыдэм хэбзэхэжынущ. Ар Iэмалыншагъэщ, блэкIыпIэ зимыIэ хабзэщ. Дяпэ илъэсищэ хуэдэкIэ дунейм къытенэжынур бзэ минитI хуэдизщ, ахэри хуэм-хуэмурэ дэкIуэдыжынущ лъэпкъышхуэхэм я бзэхэм. Ди жагъуэ-ди щIасэми, аращ бзэ куэдым къащIэлъыр… 
Си щхьэкIэ сэ шэч къытесхьэркъым ди анэдэлъхубзэм – лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэ зи ныбжь адыгэбзэм – апхуэдэ «дуней» къызэрыщIэмылъым. Ди бзэм ар къыщыщIмэ, зи лажьэр дэращ – лIэщIыгъуэхэм къащхьэдэха бзэ телъыджэм нобэ ирипсалъэ щIэблэрщ. Ди бзэм апхуэдэ мыгъуагъэ къемыуэлIэн папщIэ, нобэрей щIэблэм илэжьын хуейуэ къыщIэлъыр мащIэкъым. Иджырей адыгэ (къэбэрдей) тхыбзэр зэрызэфIэувэрэ лIэщIыгъуэм нэблэгъауэ аращ – ПащIэ Бэчмырзэ, Цагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Борыкъуей ТIутIэ сымэ, нэгъуэщIхэми зэхаублауэ. Абыхэм я ужькIэ адыгэ (къэбэрдей) тхыбзэм зыдиузэщIащ КIыщокъуэ Алим, Теунэ Хьэчим, Шортэн Аскэрбий, КIуащ БетIал, нэгъуэщI куэдми я къалэмым. Тхыбзэм зиужьмэщ, цIыхур махуэ къэси зэрызэпсалъэ, зэрызэрыщIэ, зэрызэгурыIуэ анэдэлъхубзэр щефIакIуэр. ТхакIуэхэм, усакIуэхэм я фIыгъэкIэ зызыузэщIа ди тхыбзэм (ар лъабжьэ зыхуэхъуа ди лъэпкъ литературэм) апхуэдэ къару иIэщ, ар пэщIэтыфынущ адэ-мыдэкIэ къыщытелъалъэ удынхэм. 
Анэдэлъхубзэм дежкIэ удынщ, абы и IэнатIэр Iэзэвлъэзэв хъумэ. Хуэфащэ гулъытэ щигъуэтрэ ди анэдэлъхубзэм еджапIэхэм, радиом, телевиденэм, тхылъ тедзапIэхэм? Адыгэбзэр ди республикэхэр зэрылажьэ къэралыбзэхэм ящыщ зыщ, илъэс зыбжанэ и пэкIэ къащтауэ щытащ ди лъэпкъыбзэхэм зегъэужьыным теухуа унафэ. ДгъэзащIэрэ а унафэр, дымыгъэзащIэмэ, хэт зи лажьэр, хэт деж къызыщынэр? КъыдэкIрэ ди цIыхум яхурикъун тхылъ? КъыдэкI мащIэри нэсрэ ахэр зыхуатхым деж? А упщIэхэм жэуап ягъуэтын хуейщ, ди анэдэлъхубзэм дяпэкIэ къыщIэлъ гъуэгуанэр зыхуэдэр цIыхум ящIэн щхьэкIэ. Шэч зыхэмылъыжыр зыщ: пасэрей дуней лъандэрэ цIэрыIуэ дыдэу къэгъуэгурыкIуа ди лъэпкъым и бзэр нобэрей щIэблэм ди зэранкIэ псэзэпылъхьэпIэ ихуэмэ, ар зыми къыхуэмыгъун мыгъуагъэщ. Ди ужь къихъуэну щIэблэхэм къахуэнэн хуейщ гупсысэм я нэхъ куур зыIуэтэф, адрей лъэпкъхэм я пащхьэ дызэрыщыгушхуэн, сыт хуэдэ къалэнми пэлъэщын адыгэбзэ гуащIафIэ, – ар тхузэфIэкIынущ, анэдэлъхубзэм лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэр куууэ къыдгурыIуэмэ. 
Адыгэхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа хэхэсщ нобэ, Тыркум и закъуэ адыгэ мелуанитхум нэблагъэ щыпсэууэ ялъытэ. Иужьрей зэманым ятхыуи жаIэуи ущрихьэлIэ щыIэщ: нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я нэхъыбапIэм (!) я анэдэлъхубзэр яIэщIэхуащ, ар къафIэIуэхужкъым… Iуэхур абы нэсамэ, хэплъэгъуэщ, дауи. Ауэ ар фIэщщIыгъуейщ: апхуэдизу псэ махэ адыгэбзэр, илъэси 150-м и кIуэцIкIэ кIуэдыжыну? Убыхыбзэм и натIэ хъуам дыщыгъуазэщ псори. Ар дыдэр адыгэбзэми къыщымыщIынырщ адыгэцIэ зезыхьэ дэтхэнэри зыхуэлэжьэн хуейр. Нобэрей щIэблэм ди пщэ апхуэдэ къалэн зэрыдэлъыр зыхэтщIэмэ, ди анэдэлъхубзэм и гъуэгур кIыхь хъунщ».
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: