КъэфакIуэ хъыджэбз

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Мурат фермэмкIэ имыгъэзэжу, председателым деж кIуащ. «Седжэну сыхуейт», – щыжиIэм, здэкIуар къытекIиящ:
– Дыгъуасэ «сылэжьэнущ», жыпIэри укъысхуэкIуащ, нобэ къалэмкIэ зебгъэхьын хуейуэ къыщIидзыжауэ ара?
– Сэ Iэщ дохутырущ сызэреджэнур, къэзухым, мыбы къэзгъэзэжынущ, – жеIэ Мурат, а Iуэхум быдэу зэрегупсысар IупщIу.
– АтIэ, ар щхьэ занщIэу жумыIарэ. Уэлэхьи, абы щыгъуэм ди гуапэу дыбдэIэпыкъункIэ. Иджырей щIалэгъуалэр къалэмкIэ йоIэри, уэри абыхэм уащыщ си гугъащ. Iэщ дохутыр жыхуэпIэм дыхуэныкъуэ дыдэщ. Ди дохутырыр пенсэм кIуэн зэрыхуейрэ куэд щIащ.
«ЩIэныгъэ сиIэмэ, Маринэ нэхъ сыкъыфIэIуэхункIэ хъунщ. Ар зи хъыджэбз дахагъ, дауи, щIэныгъэ зимыIэ дэкIуэнкъым, – егупсысырт Мурат, арат еджэным щIытегушхуари. – Ауэ къэзухыхукIэ дэкIуэмэ-щэ? Зэ сыщIэтIысхьэмэ, тхьэм жыхуиIар хъунщ. Къалэм сыдэсмэ, Маринэ и гъунэгъуу сыщытынущ...»
Гъэмахуэ псом фIыуэ зигъэхьэзырри, Мурат университетым щIэтIысхьащ. Ар зыхэхуа гупым, пщыхьэщхьэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, я нэгу зрагъэужьу къакIухьырт. Ауэ Мурат здэкIуэ щыIэтэкъым. «Ефэндыуэ еджэну мыдрисэм къэкIуащи, аркъэи тутыни ефэ хъунукъым», – жаIэурэ къыдэгушыIэрт и ныбжьэгъухэр. Ауэ, цIыхум зэрахыхьэ щымыIэми, Мурат хъыджэбз цIыкIухэр къыхукъуэплъырт. Ар щIалэ екIут, узыншагъэкIэ гъэнщIа Iэпкълъэпкъ зэкIуж иIэу. Апхуэдэу щытми, езым игу ирихьу, зэхъуапсэу щыIэр зыт – Маринэт.
 А махуэм нэгъуджэ фIыцIэ Iулъу, жьауэ къуэлэн дахэ иIыгъыу къакIуэ цIыхубзыр къызэрыщыгуфIыкIым Мурат япэщIыкIэ гу лъитакъым, и щхьи къиIэтакъым. АрщхьэкIэ «Мурат» жиIэу къеджа макъ гуакIуэр и тхьэкIумэм къыщиIуэм, щIалэр и пIэм ижыхьащ.
– Щхьэ укIуэдыжа, е удз куэдыщэ схьын хуей хъунущ, жыпIауэ ара? Удзым си Iыхьэ хэкIащ, иджы зыми уемылIалIэу накIуэ, – жиIэурэ къыбгъэдыхьащ абы Маринэ.
ЩIалэм и щытыкIэм – зэ зы Iэм, зэм адрейм IэщIилъхьэу тхылъхэр зэриIыгъым – зыкIи гу лъимытэ хуэдэ, Маринэ мэпсалъэ, къыщогуфIыкI:
– Къалэм Iуэху уиIэу укъэкIуауэ ара?
– Хьэуэ... сэ... сэ мыбы сыщоджэ.
– Пэжуи? Абы щыгъуэм нэхъыфIыжщ. ХьэщIапIэ си деж унэкIуэну нэхъ тынш хъунущ. Сыщыпсэур пщIэжрэ?
Мурат и щхьэр къиIэтри, Маринэ къеплъащ, гурыщIэ инкIэ гъэнщIа и нэхэмкIэ. «ИгъащIэ псокIэ ящымыгъупщэж плъэкIэр мыпхуэдэ хъунщ», – игукIэ жеIэ Маринэ, Мурат и нитIым и Iэпкълъэпкъ псом лыгъэр къридзауэ.
– ПщIэжыркъэ сыщыпсэур? – къоупщI абы аргуэру Маринэ.
– СощIэж. СынэкIуэнщ. Iэмал имыIэу сынэкIуэнщ.
«СыкъицIыхужащ, о ди тхьэ! Ауэ: «Дэнэ ущеджэр?» – жиIэу къызэупщIакъым. Ар Iуэху-тIэ? Ар зырикIщ, нэхъыщхьэращи, и деж срегъэблагъэ. Мис аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр!..
Маринэ и деж зэрынэсу, Мурат къыгурыIуащ къызэрепэсэуар, жьыщIэу щыт цIыхубзыр иджыпсту абы къызэремыжьэр.
– А, Мурат, къеблагъэ, хьэщIэ лъапIэ къысхуэкIуаи, – кIэпхын IулъымкIэ и Iэ псыфыр елъэщIри, щIалэм сэлам кърех. – МыбыкIэ къыдыхьи, тIыс, – жьантIэм дэт диваныр кърегъэлъагъу. – Сэ иджыпсту, – жеIэри, щIокI.
– АтIэ, еджэным дауэ уехъулIэрэ? Сыт узыхуеджэр? – къоупщI Маринэ, и Iуэхухэр псынщIэу зэфIигъэкIри, къэтIысауэ.
– Iэщ дохутырщ. Ди къуажэр абы хуабжьу хуэныкъуэщ иджыпсту.
– IэщIагъэ хъарзынэщ. Аурсэнтх ухуэзэшыркъэ? Егъэлеяуэ щIыпIэ дахэщ.
Мурат Маринэ жиIэхэм зэредаIуэм хуэдэурэ, унэр къеплъыхь, цIыхухъу щыгъын зыщIыпIэкIэ телъмэ е сурэт фIэдзамэ, зэхигъэкIыну. Ауэ дэнэ и дежи щыплъагъур Маринэ и хьэпшыпрэ и сурэт дахэхэмрэщ. 
... А пщыхьэщхьэм ахэр куэдрэ зэдэуэршэращ, Iэджэми тепсэлъыхьыну хунэсащ. «Маринэ щхьэгъусэ иIэу щытамэ, дауикI, мыпхуэдэу хуиту и деж сыщIигъэсынтэкъым», – гуфIэрт Мурат.
Муратрэ Маринэрэ зэныбжьэгъуу, щIэх-щIэхыури зэрылъагъуу, зы илъэси илъэситIи кIуащ. ЩIалэм и гурыщIэхэм шэч къытримыхьэжмэ, хъыджэбзыр гуитIщхьитIт. Абы хузэхэгъэкIыртэкъым щIалэщIэр фIыуэ илъэгъуауэ арами, фIыуэ илъэгъуа гуэрым и фэ ириплъми. Ауэ, губгъэн зыхуищIыжу, зэзэмызэ зыхуэшхыдэжырт: «ЩIалэр щхьэ згъэхьэулейрэ, и щхьэр щIэзгъэуназэр сыт? И ныбжь хъыджэбз цIыкIу къигъуэтыжу, къишэмэ нэхъыфIщ. Иджы япэ къызэрыкIуэу жесIэнщ. Сэр нэхърэ илъэсипщIкIэ нэхъыщIэр гъащIэ гъусэ зэрысхуэмыхъунур щхьэ къызгурымыIуэрэ». АрщхьэкIэ, щIалэр къызэрысу, игу ирилъхьам тегушхуэжыртэкъым.
ЩIалэжь цIыкIуу фIэкIа къимылъытэ Мурат и къыхущытыкIэм нэхъапэхэм Маринэ мыхьэнэ лъэпкъ иримыту щытамэ, иджы жэщ псом мыжейуэ абы щегупсыс щыIэт.
ЩIалэм кIуэ пэтми зэрызричым, нэхъ бжьыфIэ, нэхъ къекIу зэрыхъум и гуапэу кIэлъыплъырт. Мурати гупсысэ хэмыкIыж хъуат: «Хьэуэ, сэ афIэкIа схуэхьыжынукъым. Маринэ жагъуэу сыкъызэримылъагъур сщIэми, гугъапIэ лъэпкъ сиIэкъым. Зэрыхъу ирехъу, Iэмал имыIэу ныщхьэбэ жесIэнщ, «къыздэкIуэ» жесIэнщ занщIэу», – быдэу и гум ирилъхьэри, Мурат щIэкIащ.
Ещанэ къатым псынщIэу дэкIуейуэ, Мурат Маринэ и бжэм щыIухьам, цIыхухъу макъ абы къыщIэIукIым зэуэ зэщIигъэувыIыкIащ. Мурат а тIум гу къылъатэххакъым. Уэрамым къыдэлъэдащи, и нэкIур IитIкIэ иубыдыжауэ, щIалэр мэгуIэ. Абы и нэгум къыщIэувэжащ, бжэр ину къридзылIэжу, и адэр щIэкIауэ зэрыщытар, абы и ужькIэ и анэр куэдрэ зэрыгъар. «Уи адэр машинэм иукIащ, си щIалэ цIыкIу, ар афIэкIа къэкIуэжынукъым», – къыжриIат и анэм, зыкъом дэкIауэ. А гупсысэм Мурат зэресэжрэ Iэджэ щIат. Иджы мис, машинэми имыукIауэ, лажьи имыIэу, къыкъуэкIыжащ... КъыкъуэкIыжащ, и псэм пищI цIыху закъуэр IэщIихыну. Хьэмэрэ щыуауэ пIэрэ? И адэм ещхь гуэру арамэ-щэ? Хьэуэ, хьэуэ, абыкIэ уи щхьэр къэбгъэпцIэжкIэ мыхьэнэ иIэкъым. Езы Марини щIалэр апхуэдэу щIызришэлIар и адэм иригъэщхьу, абы и фэ ириплъу армырауэ щыхьэт утехъуэфыну? Апхуэдизу щхьэ зэхэзэрыхьа мы гъащIэр?.. Уи вагъуэр щижынум деж щхьэусыгъуэр сытым щыгъуи гъунэжщ...» Мурат адэкIэ зыри хузэпыщIэжакъым. Бжьэ Iэрамэм хуэдэу и щхьэм щыву гупсысэхэм ягъэундэрэщхъуауэ, и занщIэр и гъуэгуу, уэрам гуэрымкIэ иунэтIащ, пшапэр зэрызэхэуэми гу лъимытэу.

КIЭБЫШЭ Лилэ.
Поделиться: