Ди мэзхэр, бгыхэр, псы хущхъуэхэр

Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэм и процент 20-р яубыд мэзхэм. Абыхэм щIыналъэм и теплъэм удрагъэхьэх, къущхьэхъу хъупIэхэм я дахагъэм и гугъу умыщIыххи. Абы и псыежэххэм я нэхъыбэр мылэщхэм къыщожьэ. Псыжьрэ Лабэрэ хуэдэу ахэр мыинми, IэщIагъэлIхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщ рафтингым хуэдэхэр щрагъэкIуэкI хъуну  щIыпIэхэр IэрыщIу щаухуэфыну щытщ. 
Гъэмахуэм щхъуантIагъэм щIихъумэ щIыпIэ дахэр псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи бейщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Iуащхьэмахуэ» лъэпкъ паркым и IыхьэфIыр хеубыдэ Дзэлыкъуэ районым и административнэ щIыпIэм. 
ЩIыналъэр мэзылъэ щIыпIэхэмкIэ къулейщи, зыгъэпсэхуакIуэхэр шым гъэшэсын жыпIэми, бгыхэм зыщегъэплъыхьынми зекIуэ щIэщыгъуэхэр мыбдеж къыщызэрагъэпэщыну Iэмал яIэщ, апхуэдэуи псы хущхъуэ къызыщIэж щIыпIэхэм зыщрагъэгъэгъэпскI. А псом цIыхухэр къыдехьэх.
Хьэуа къабзэрэ псынэпс щIыIэхэмрэ зи куэд, зи хъупIэхэр къущхьэхъушей удзкIэ гъэщIэрэщIа щIыналъэм щыгъэтIылъащ унэ блынхэм кIэралъхьэ, плъыфэ хьэлэмэтхэр зиIэ мывэхэмрэ гъуэтыгъуей сэху лIэужьыгъуэхэмрэ. Псы хущхъуэхэр щыкуэдщ, сульфаткIэ, натрийкIэ, кремнийкIэ, хлоридкIэ гъэнщIауэ. 
ЩIыуэпсым хущхъуэгъуэ иIэхэр джынымкIэ Пятигорск дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым къызэрилъытэмкIэ, а псыхэр уефэнымкIи зыщыбгъэпскIынымкIи сэбэпышхуэщ, узыфэ хьэлъэхэр е гъэтIылъахэр ягъэхъужыным теухуауэ къагъэсэбэп. 
Псоми зэрытщIэщи, Дзэлыкъуэ районым щыIэщ Нарзанхэм я псыхъуэр - щIыналъэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэу къалъытэр. Абы ищхьэжкIи къущхьэхъу хуитхэр щыIэщ. Гъэмахуэм мыбдеж шыхэр, Iэщышхуэмрэ Iэщ цIыкIумрэ щагъэхъу. 
Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Каменномостскэ (Къармэхьэблэ) къуажэм пэжыжьэкъым и теплъэкIэ цIэрыIуэ хъуа Шэдхъурей гуэл щIэншэр. 
Пятигорск къалэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 12 хуэдиз дэлъу, «Кавказ» федеральнэ гъуэгум и километр 383-м хуэзэ тафэм дежщ Тамбукъан гуэлыр здэщыIэр. Абы хэлъ ятIэм и хущхъуэгъуэм IэщIагъэлIхэр мызэ-мытIэу тетхыхьащ. Километр зэбгъузэнатIэ 1,77-рэ хъу гуэлым и гъунапкъэхэм и Iыхьэ щанэр Дзэлыкъуэ районым къеубыд, зы Iыхьэр - Ставрополь щIыналъэм. Ар дуней псом щагъэлъапIэ гуэлхэм ящыщщ, и хущхъуэгъуэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. Тамбукъаным и ятIэхэр Налшык къалэм и зыгъэпсэхупIэхэми Урысейм и курорт куэдми къагъэсэбэп. IэщIагъэлIхэм къызэрапщытамкIэ, абы и гъэтIылъыгъэхэр тонн 1400-рэ мэхъу.
Хущхъуэгъуэ хьэлэмэтхэр хэлъщ Светловодскэ жылэм щыIэ псы хуабэхэми.
ЩIыналъэм иIэщ щыщакIуэ, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщыкI, ахэр я нэIэм щIэту щахъумэ щIыпIэхэри. ЗэрыжытIауэ, районым щыкуэдщ псыхущхъуэ къыщыщIэж щIыпIэхэр. Ахэр Малкинскэрэ Малкинскэ Ипщэу зэхадз. Япэ гупым хеубыдэ щIыналъэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ хъуа Джилы-Сур (Малкэ псыежэхым ищхьэкIэ метр 2380-рэ и лъагагъыу щытыр). Абы къыщIэжыпIэу 4 иIэщи, зыр хуабэщ (+ 22 С). Малкэ псыежэхым и ижьрабгъу IуфэмкIэ Мысост Нарзаныр щыIэщ, Къаракъай-Су псы хэлъэдапIэм и лъабжьэмкIэ - Къаракъай-Су зыфIащыжар. Псы къыщIэжыпIэ 20 хуэдиз дэтщ Шаукамск бгы тхыцIэм екIуэкI ауз бгъузэм. Ахэр километр 1 - 2-кIэ зэпыIухащ, псоми зэхэту зы жэщ-махуэм псы литр мини 4-м къыщыщIэдзауэ мини 10-м нэс къыщыщIож. 
Хьэсэут псыхэри къыщIэжыпIэ 20 мэхъу, ахэр километри 3-м тегуэшащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, республикэм и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм зегъэужьыным теухуауэ лэжьыгъэ пыухыкIа зэрекIуэкIыр. Псом хуэмыдэу гъуэгу зэмыкIуалIэ щIыпIэ дахэхэр гъэбелджылынымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ ехьэлIауэ. Апхуэдэу КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэр, Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэр, туризм Iуэхум елэжьхэр хэту мы гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм зыщаплъыхьащ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэм щхьэкIэ ягъэбелджыла «Къэбэрдей-Балъкъэр бгылъэхэр» гъуэгуанэм районым и зыгъэпсэхупIэхэр хагъэхьэну къыхалъхьащ. А гъуэгуанэм зэрипхынущ Шэдхъурей гуэлыр, Къэнжалыщхьэ бгыр, Джилы-Сур, «Нартсанэхэм я псыхъуэ» экопаркыр, нэгъуэщIхэри.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: