Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентыр ягу къагъэкIыжу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу шыкIэ гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр къызэпычынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. 
Шууейхэр зэпеуащ километр 40, 80, 120-рэ,160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэм. Абы къыщыхэжаныкIахэр медалхэмкIэ, кубокхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ, апхуэдэуи ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ.
Километри 160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу зэпичащ Вахитовэ Алинэ и «Секунда» шымкIэ. Ахъшэ саугъэту абы иратащ сом мин 450-рэ. «Голубика» шым тесу етIуанэ хъуащ Артаровэ Валерие. Абы и саугъэтыр – сом мин 250-рэ. «Фавор дю Бруаль» шым Павленкэ Юлие ещанэ увыпIэм къыхуишащ (сом мини 150-рэ). Вэрокъуэ Тимур зытеса «Чингизхан» шыр еплIанэ хъуащ (сом мини 100), етхуанэ увыпIэр Мыз Исмэхьил иубыдащ «Налмэс» шым тесу (сом мин 50). 
Мы къэжэгъуэм хэта Вахитовэ Алинэ УФ-м и рекорд щигъэуващ - километри 160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр къыщызэпичым зы сыхьэтым къриубыдэу ику иту километр 19,89-рэ къикIуащ. 
Километри 120-м щызэпеуахэм я деж япэ щыхъуащ «Бещто» шым теса Циканов Азэмэт (сом мин 350-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Кугъуэт Рэмэзан и «Начкон Сивер» шымкIэ (сом мин 200). Ещанэ хъуа, сом мини 100-р зрата Бугаевэ Олеся «Чили» шымкIэ къэжащ. ЕплIанэр Ахъуэхъу Анзорщ. Ар тесащ «Кавказ» шым икIи абы иратащ ахъшэ саугъэту сом мин 70. Братенковэ Ольгэ «Туран» шымкIэ етхуанэщ (сом мин 50).
Мы къэжэгъуэм еханэ-ебгъуанэ увыпIэхэр зыубыдахэм сом мин 25-рэ зырыз иратащ - Пономаренкэ Кристинэ (Эль Сеньор), Къалэ Мухьэмэд (Хотспур Дайван), Корниловэ Ольгэ (Ландыш), Урыш Елдар (Челик) сымэ. 
Километри 120-м иджыри щхьэхуэу щызэпеуащ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Япэ увыпIэр абы къыщихьащ Дуненковэ Александрэ, «Камила» шым тесу. ЕтIанэр Iутыж Умарщ, «Норберт» шымкIэ. 
Километр 80-р къызэпычыныр къызэрыхах зэхьэзэхуэу щытащ. Абы япэ щыхъуащ «Аванс» шыр, Горбуновэ Екатеринэ зытесар, етIуанэр Лабусовэ Янэщ, «Алгъыш» шым тесу. Ещанэр Ющенкэ Александрщ - «Азаро» шыр зейр. НыбжьыщIэхэм я деж мыбы япэ щыхъуащ ФокIыщIэ Аслъэн, «Мишка» шым тесу. 
Километр 40-р къызэпызыча шууейхэри зыхэтар щIыналъэ зэхьэзэхуэщ. Япэ абы щыхъуащ Урчыкъуэ Албэч «Разумник» шымкIэ, етIуанэр Псэун Ислъамщ (Дар), ещанэр – ТIэш Ислъамщ (Монконтур). 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ шууейуэ 51-рэ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: