«Дзэлыкъуэр» къыдэкIыу зэтевублэж

  Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм    хиубыдэ дэтхэнэ зы щIыналъэми газет къыщыдокI.  Дзэлыкъуэ районым и «Зольские вести» газетыр 1963 гъэ лъандэрэ дунейм къытохьэ. Ар цIыхухэм апхуэдизкIэ ягу дыхьэу къогъуэгурыкIуэри,  газет псалъэм «цIыкIури» дыщIагъуж.    

 Курыт еджапIэм сызэрыщIэс лъандэрэ къысхуэмыгъэсу сызыпэплъэ газетым куэд гъэщIэгъуэну къыщызгъуэтырт.    Ар зылъэмыIэс,  зи гугъу имыщI,   ди пащхьэ къримылъхьэ щыIэтэкъым.    Щапхъэ зытепх хъун цIыхухэм,  егъэджакIуэхэм,  щIэныгъэлIхэм,  гуащIэрыпсэухэм ятеухуауэ къытехуэхэр щэ бжыгъэт,  районым,  республикэм къыщекIуэкI,  щызекIуэ Iуэхугъуэхэри щынаIуэт,  цIыхум щхьэпэ яхуэхъун чэнджэщхэри щыкуэдт.    
НапэкIуэцIхэр щIэзджыкI пэтми зыщызгъэнщIыртэкъым.     «Почта России» зытедза машинэр къыщысыну сыхьэт бжыгъэм сежьэу уэрамым куэдрэ  сыщытетаи  щыIэщ.    Пощтзехьэм газетхэр кърихьэкIыным семыжьэфу,  сыкIуэрти къеIысхырт.    
Апхуэдизу сызыпэплъэ газетым нэ лейкIэ сезыгъэплъыр тхьэмахуэ зэхуакум абы къытрадзэ «Дзэлыкъуэ» напэкIуэцIырт.    Адыгэбзэ къабзэкIэ тхауэ абы къытемыхуэ щыIэтэкъым.    Ирехъу ар ди районым ис усакIуэхэм,  тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI,  хабзэ-нэмысым ятещIыхьа гурыIуэгъуэ,  пшыхьхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа хъыбарегъащIэ – а псоми ехьэлIахэр къыщыбгъуэтынут мы напэкIуэцIым.    ФIыуэ слъагъу газетым сэри си тхыгъэхэр къызэрытехуэр си напщIэ телът.    
Ебгъуанэ классым сыщIэсу ЩоджэнцIыкIу Алий илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу адыгэбзэмкIэ си егъэджакIуэ КIэмпIу 1эсият дигъэгъэхьэзыру дгъэлъэгъуа пшыхьым теухуауэ стхыжа тхыгъэмкIэ дублауэ щытащ «Дзэлыкъуэ» напэкIуэцIымрэ сэрэ ди зэныбжьэгъугъэр.    Мы газетыр «щыгъуазэщ» си япэ ехъулIэныгъэхэми,  гурыщIэм къыщыуша япэ тхыгъэхэр къызытехуари мыращ.  Апхуэдэу илъэс куэдкIэ къытрадзащ си тхыгъэхэр «Дзэлыкъуэм».    Хамэ щIыналъэ сыщыщыIа зэманми газет цIыкIур Iэмал зэриIэкIэрэ щIэзджыкIащ.    
Куэдым фIыуэ тлъагъуу щыта «Дзэлыкъуэ» напэкIуэцIыр иужьрей илъэсхэм зэрымылажьэм сегъэхыщIэ.   Газет архивхэм къызэрагъэлъагъуэщи,  2022 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху адыгэбзэкIэ тхауэ газетым къытехуар зы напэкIуэцI закъуэщ.    Зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъухэм ирехъуэхъуу къытрадзэ тхыгъэхэр хэзгъэхьэркъым.    
 АдыгэбзэкIэ тхауэ щыIа,  къыддэбакъуэу,  къыддэпсэууэ районым щыдиIа напэкIуэцIыр зэрыкIуэдыжар  си жагъуэ хъуащ.    Iэмал гуэр щыIэххэмэ,  ди «Дзэлыкъуэр»  къыдэкIыу зэтевублэж! 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: