Куэдым хуэIэкIуэлъакIуэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Налшык и «Золушка» сабий сад №49-м илъэс куэд щIауэ гъэсакIуэу щылажьэ Егъуэж Мадинэ цIыкIухэр фIыщэу зэрилъагъум къыдэкIуэу нэгъуэщI куэдми хуэIэрыхуэщ. «Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхур сытми хуэзэчиифIэщ» щIыжаIахэм ящыщ зыщ ар. 
Илъэс 26-рэ хъуауэ цIыкIухэм яхэт бзылъхугъэ щыпкъэм зэман-зэманкIэрэ нэгъуэщI Iуэхухэми зрепщыт, щIэ гуэр къищIэну, и къэухьым зригъэужьыну зэрыфIэфIым къыхэкIыу. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу зыхуигъэсащ Iэбжьанэ гъэдэхэным, цы зэIуещэ, щыгъыныгъуэхэр, зэрыджэгу хьэпшып цIыкIухэр къыхещIыкI, сурэт ещI. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр цы зэIущэным и щэхур къыхузэIузыхар и адэр арауэ зэрыщытырщ. «Мастэнэхэр къызэрырахыр сэзыгъэлъэгъуар си адэрщ, ар абы щищIэтэр нобэми си дежкIэ щэхущ», - жеIэ Мадинэ. ИужькIэ къат куэду зэтет я унэм щIэс балъкъэр зэанэзэпхъум я деж кIуэурэ зыщигъэсащ хъыджэбз цIыкIу набдзэгубдзаплъэм.  
Тхыгъэ кIэщIым гъусэ хуэтщI сурэтхэращ Мадинэ зэлэжьхэм я гугъу тщIыну дигу къэзыгъэкIар. Ахэр ищIынымкIэ Егъуэжым сэбэп къыхуэхъуар Интернетым щрагъэкIуэкI мастер-классхэрщ. Ауэ сыт хуэдиз дерс ущIэмыдэIуми, уемыплъми си фIэщ хъуркъым а зэчийр къыбдамылъхуамэ, мыпхуэдэ сурэтхэр пхуэщIыну.
ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ, жыхуаIэращи, куэд зригъэхъулIэфами нэхъыбэж Мадинэ зэримурадыр си фIэщ мэхъури, дэтхэнэ и зы гукъэкIми IэкIэ теIэбэну си гуапэщ. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: