ЗагъэпщкIуми нэрылъагъущ

Мащэ кIыфIхэм (черная дыра) япэ дыдэу ятетхыхьар физикэм и къудамэ телъыджэу «теорие относительности» зыхужаIэр къэзыгупсыса еджагъэшхуэ Эйнштейн Альбертщ.
Астрофизикхэр мы зэманым зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIхэр – уахэм зыщызыудыгъу, IэщIыхьар зыIэщIэзымыгъэкIыж, и зэхэлъыкIэмкIи зэманыр зэрыщекIуэкIымкIи зихуэдэ щымыIэ къэщIыгъэ шынагъуэщ. Пкъыгъуэу зыщIилъафэм щыщ гуэри къызэримыутIыпщыжым и мызакъуэу, нэхур зыдз фотон нэгъунэ къызэрыIэщIэмыкIыжыфым и зэранкIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэр здэщыIэри зэгъэщIэгъуейщ. 
Мащэ кIыфIхэр япкърылъ пцIэм и Iувагъ-куэдагъымкIэ кIуэ пэтми нэхъри нэхъ иныж хъууэрэ екIуэкIыфынущ, хьэршым къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэм ящыщу гъунэгъу захуэзыщIахэр зэрызыщIалъафэм къыхэкIыу.
Уахэ абрагъуэу щIэдзапIи ухыпIи зимыIэм «хутыкъуауэ» бгъэдыхьэ дэтхэнэри зыIэщIэзыубыдэ, «дунейр къутэжыхункIи» къэзымыутIыпщыжыну къэщIыгъэ псэхэхыр языныкъуэхэм ирагъэщхь «зомби» зи фIэщыгъэ гъуэбжэгъуэщ шынагъуэм.
                                                 Эридан вагъуэ зэрыбыным
 Мащэ кIыфIым гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр астрономхэм иджыблагъэ зрагъэлъэгъуащ. 
Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр, ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, зы зэманым къриубыдэу зэуэ щыхьэт зэдытехъуащ абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр теорием зэригъэувам зэрытехуэм – гъуэдыдж кIэуфIыцIым гъунэгъу зыхуэзыщIу зэщикъузэжа вагъуэм, и гъащIэр зэриухар «къищIа» хуэдэ, бзий нурыбэр «гужьеигъуэу» къызэрызыхиутIыпщыкIым. 
Астрофизикэм зэрыщагъэбелджылащи, мащэ кIыфIым и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори езылъэфалIэр, абы къыдэкIуэуи зэпкърызытхъыр. 
Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIиша вагъуэм и кIуэдыжыкIам кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи, и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнт. 
Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар, мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивым. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы нэрылъагъуу фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.
Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ (нэхум зэрызидзым тещIыхьауэ) Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», астрономхэм AT2019qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зищIысымрэ зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри. 
                                                    Уахэм хэзыгъэбзахэ
Астрофизикхэр щыхьэт зытехъуэ къэхутэныгъэ телыджэхэм ятепсэлъыхь сайтхэм хъыбар зэрызэбграгъэхамкIэ, Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм къыщалъэгъуащ алъандэрэ зыщымыгъуазэу щыта пкъыгъуэ абрагъуэ. 
КIэлъыплъахэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щызэхэувэ пшагъуэ гуэрэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ галактикэм и кум хуэзэу щызэтрихьахэм къызэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар и нэщэнэщ, блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, зэуэзэпсэу зыщIэзылъафэ, хьэлъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу мащэ кIыфIхэм ящыщ зым, астрофизикхэр алъандэрэ зыщымыгъуазэу щытам, абдеж зэрызыщигъэпщкIуам. 
Абы ипэкIэ, щIэныгъэлIхэр зыбжанэрэ кIэлъыплъащ Шыхулъагъуэ галактикэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ гъуэзыпшэхэм я зыгъэзэкIэм. Абыхэм ящыщ зыр Iыхьищу зэхэтщи, язым адрейхэм нэхърэ нэхъ псынщIэжу зегъэкIэрахъуэ. Ар къызыхэкIыу къалъытэр, а Iыхьэр хэкIыпIэншэу мащэ кIыфIым зэрызыщIилъафэрщ.
Хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Псалъэм папщIэ, абыхэм яхэтщ, ди планетэр зи гуэгъу вагъуэ жьэражьэм нэхърэ 62-кIэ фIэкIа мынэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри», ди Дыгъэм хуэдэу минищэ бжыгъэ къэзыгъэуэндэгъу, ямылейуэ зэхэуба машэ кIыфIыжьхэри. Шыхулъагъуэм и кум гу зыщылъатар курыт хьэлъагъ зиIэщ. 
                                                              Квазархэр
Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытэр квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ). 
Квазархэр, я зэпрыупIэр куэдкIэ нэхъ цIыкIу пэтми, нурыбэу къапихым гуащIагъэ ин дыдэ зэрызэрихьэмкIэ адрей вагъуэхэм емыщхь къэщIыгъэщ. Абыхэм я къэунэхукIэ хъуари, я зэхэлъыкIэри щIэныгъэлIхэм иджыри къыздэсым нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIакъым. Аращ а пкъыгъуэхэм, вагъуэ абрагъуэхэм ещхьу зэщIэлыдэхэм, квази-вагъуэкIэ щIеджэри. 
Мы къэщIыгъэхэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу яIэхэм ящыщщ ахэр, зэрытпыIудза и лъэныкъуэкIэ, жыжьащэ зэрыщыIэри. Квазархэм къызыпхадз нурыр ди деж къэсыным илъэс мелард бжыгъэ токIуадэ. Ауэ щыхъукIи, уегупсыс зэрыхъунумкIэ, зи нэхур, гъуэгуанэшхуэ зэпригъэчу, дызэрыт лъэхъэнэм къэзыхьэсыфа квази-вагъуэхэм ящыщ зыбжанэр мы зэманым щыIэжкъым, е, нэхъ мащIэрауэ, я теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зихъуэжащ. 
Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, квазархэр апхуэдизу зэщIэзыгъэнахуэр я лъабжьэм зыщызыгъэпщкIуа, гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэри думпу зыгъэкIуэд, зыщIэзылъафэ мащэ кIыфIхэрщ. И Iэгъуэблагъэм щызелъатэ дэтхэнэри хуабжьагъэшхуэ яритрэ ирихужьэу, залымыгъэкIэ щызэжьэхигъауэу щызэхиубэжкIэ, я зэхуакум, зэрыгурыIуэгъуэщи, «хъуаскIэ» ин дыдэхэр, шынагъуэхэр къыдэмылыдыкIыныр Iэмал зимыIэщ.  
ЩIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы квазархэм ящыщу я нэхъ ин дыдэу мы зэманым къалъытар S5-0014+81 нагъыщэ зратарщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы илъэс мелард 12-м нэблагъэ и ныбжьщ. И кIуэцIым зыщызыгъэпщкIуа мащэ кIыфIыр, уегупсысми уи фIэщ мыхъуну, ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ хуэдэ мелард 40-кIэ нэхъ хьэлъэщ! Астрофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, зы щIыпIэм зыщызэхуэзыхьэса къэщIыгъэм дежкIэ ар икъусыкъужкIэ куэдыIуэщ. Нэхъыщхьэжыр аращи, зи гугъу ящI квазарым зэгуэр (ар иджыщ къыщалъэгъуари) къызыпхигъэлыгъукIауэ щыта нурым и зэщIэнэхуэкIэр вагъуэ «къызэрыгуэкI» триллион 300-м зэхэту къадзым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, ди Шыхулъагъуэм зэрыщыту къыпкърыкI нэхум нэхърэ мин 25-кIэ нэхъыбэщ. 
ФIэщщIыгъуейми, а псоми щхьэусыгъуэу яIэр зыщ: S5-0014+81 квазарым и кIуэцIым зыщызыудыгъуа мащэ кIыфIым зы илъэсым къриубыдэу, псори зэхэту, ди Дыгъэм и хьэлъагъым елъытауэ мини 4-кIэ нэхъыбэ къэзышэчын пкъыгъуэхэр (дэнэ кърихми) зэрызыщIилъафэрщ.   
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: