И анэдэлъхубзэм и шэрыуагъыр я гум дохьэ

Усэ тхыным дихьэх щIалэгъуалэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум хуэмурэ гу лъыдотэ. Абыхэм ящыщщ си унэцIэджэгъу Багъэтыр Алинэ. Ар иджыпсту КъБКъУ-м и «Экономикэ» къудамэм и магистратурэмрэ «Къэрал, муниципальнэ унафэхэр зэрызрагъакIуэр» къудамэм и бакалавриатымрэ щоджэ.

- Усыгъэм сыдихьэхащ илъэси 10 ныбжьым ситу. Зыгуэрхэр стхырти, згъэпщкIужырт, си унагъуэм щIэсхэр е си ныбжьэгъу нэхъ гъунэгъу дыдэхэр езгъаджэ мыхъумэ. Куэд щIакъым си усэхэр Интернетым и социальнэ сетхэм къислъхьэу зэрыщIэздзэрэ. Куэдым къысхуатх ахэр къазэрыщыхъуар. Абы срогушхуэ, - жеIэ абы.

ЗэфIэкI зиIэхэм, ехъулIэныгъэ гуэрхэр зэзыгъэхъулIахэм я Iуэху еплъыкIэхэм едэIуэну зыфIэфI хъыджэбзыр зэпымыууэ хущIокъу зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтыну. Иджыблагъэ абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Третьяков А.В. и цIэкIэ усыгъэмрэ усэ зэдзэкIынымрэ теухуауэ ирагъэкIуэкI «Берега дружбы-2023» VIII дунейпсо щIалэгъуалэ фестиваль-зэхьэзэхуэм. КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм Алинэ къыхуагъэфэщащ «И анэдэлъхубзэм зэрызригъэужьым папщIэ» щIыхь тхылъри.

Нэхъ и пэкIи хъыджэбзыр нэгъуэщI зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм хэтауэ щытащ - Кугультинов Давид и цIэр зезыхьэ «Дайте, дайте первую удачу!» щIалэгъуалэ литературэ зэхьэзэхуэмрэ Сорокин Олег и цIэр зезыхьэ «Солерос» литературэ зэпеуэ зэIухамрэ. Абыхэми я кIэух Iыхьэхэм ар пхыкIат.

- Иужьрейуэ сызыхэта зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщат Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым и дэIэпыкъуэгъукIэ. Мы гъэм ар еянэу екIуэкIащ. Фестивалым щызэхыхьащ усыгъэм дихьэхыу зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 35-м нэс хъухэр, - жеIэ хъыджэбзым. - Ахэр къэрал 12-м къикIат: Белоруссием, Польшэм, Словением, Тунис, Таджикистан, Къыргъызым, Къэзэхъстаным, Латвием, нэгъуэщI къэралхэми, Урысейм и щIыналъэ 59-м икIахэр яхэту. Зэхьэзэхуэм хэта цIыху бжыгъэм и гугъу пщIымэ, псори 350-рэ дыхъурт, абы щыщу кIэух Iыхьэм 93-р кIуэцIрыкIат. Зэпеуэм и япэ Iыхьэм ди усэхэр къыщапщытащ. Абы сэ езгъэхьат адыгэбзэкIи урысыбзэкIи стха усэ тхурытху. Япэ Iыхьэм кIуэцIрыкIахэм адэкIэ къытпэщылът нэгъуэщIхэм я усэхэр зэддзэкIыныр. Сэ къысIэрыхьащ Къэзан щыщ гуэрым тэтэрыбзэкIэ тха и усэхэр урысыбзэкIэ зэздзэкIыну, Луганск, Москва щIыналъэхэм, Санкт-Петербург къалэм дэсхэм урысыбзэкIэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэм щыщ зыбжанэ адыгэбзэм къизгъэзэгъэн хуейуэ. Бадзэуэгъуэм и кIэм зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм сыхэтыну Ростов срагъэблэгъат.

Фестивалыр зэрекIуэкIа щIыкIэм и гугъу пщIымэ, абы и фIэщыгъэм ар къигъэлъагъуэу къысщохъу: апхуэдиз лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэмрэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэмрэ къикIахэр а махуитI-щым къриубыдэу апхуэдизкIэ зэныбжьэгъу дызэхуэхъуати, зы унагъуэшхуэм дыщыпсэу хуэдэ хъуами ярейт.

Дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэну зыщигъэгъуазэрт нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм, бзэм, литературэм. Псалъэм папщIэ, куэдым къащIащ, уеблэмэ къигъэуIэбжьат Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыщхьэу щызекIуэ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зы бзэу зэрыщымытыр, атIэ лъэпкъитIым я анэдэлъхубзэхэр зэрыщхьэхуэ-щхьэхуэр щажесIам. Языныкъуэхэр тегушхуащ адыгэбзэкIэ псалъитI-щы жаIэну. Сэри ныбжьэгъу къысхуэхъуахэм я бзэ щхьэхуэныгъэхэм зыхэзгъэгъуэзащ. ИкъукIэ дахэу, дызэгурыIуэу дызэхэтащ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм фестивалыр зэрекIуэкIынур хьэлэмэту зэхагъэуват, щэнхабзэ Iуэхухэри егъэджэныгъэри щызэпэджэжу. Апхуэдэу лекцэхэм дыщIэсащ, зыплъыхьакIуэ дашащ, ди гъэсакIуэхэм щхьэпэ куэдым драгъэдэIуащ, концерти нэгъуэщI куэди дагъэлъэгъуащ.

Зэхыхьэм и етIуанэ махуэр теухуат абы хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэм едэIуэным. Дэтхэнэри къеджащ езым и зы усэрэ зы лэжьыгъэ зэридзэкIарэ. ЩIалэгъуалэм я лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьар Таганрог и курых дыдэу щыт, Чеховым и цIэр зезыхьэ къалэ библиотекэ нэхъыщхьэрт. Алинэ иусахэм къищынэмыщIа, къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ тэтэрыбзэкIэ тхауэ зэридзэкIа зы тхыгъэм. Абы гуапэ щымыхъуу къэнакъым зэхьэзэхуэм япэу зыIущIа цIыхухэм и анэдэлъхубзэм и шэрыуагъыр ягу зэрыдыхьар, къагурымыIуэми, усэм щIэлъ гурыщIэхэр зэрызыхащIар къызэрыжраIар. Шэч хэмылъу, апхуэдэ къару зиIэр лъэпкъ щэнхабзэращ.

Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр иту тхылъищ къыдагъэкIыжащ. Абыхэм яхэхуащ Багъэтырым зэридзэкIахэри и усэхэм ящыщу урысыбзэрэ украиныбзэкIэ зэрадзэкIахэри. Фестивалыр щызэхуащIыжым пашэ хъуахэр ягъэпажат. КъэпщытакIуэ гупым етIуанэ нагъыщэмрэ «Анэдэлъхубзэм зэрызригъэужьым папщIэ» щIыхь тхылъымрэ ди лъэпкъэгъу хъыджэбзым къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, ТхакIуэхэмрэ гъуазджэм и лэжьакIуэхэмрэ я дунейпсо зэгухьэныгъэм Гамзатов Расул илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къыдигъэкIа медалыр къратащ.

АдэкIэ и мурадхэм дыщыщIэупщIэм, Алинэ къыджиIащ: «ЕтIанэгъэ къэзухынущ КъБКъУ-м и «Экономикэ» къудамэм и магистратурэмрэ «Къэрал, муниципальнэ унафэхэр зэрызрагъакIуэр» къудамэм и бакалавриатымрэ. Апхуэдэуи гулъытэрэ мыхьэнэшхуэрэ зэстхэм ящыщщ программированиер. Иужьрейм куэдкIэ нэхъ сыдехьэх. Аращи, абы и лъэныкъуэкIэ зэрызужьынрагъэнщ зи ужь ситынур. Иджыпсту сызэреджэм хуэдэу, уней IуэхущIапIэ гуэрым и инженер-аналитикыу лэжьэн щыщIэздзащ. ЕджапIэмрэ усыгъэмрэ къищынэмыщIа, макъамэми сыдехьэх. Уи мурадхэр жыпIащи, абы и лъэныкъуэкIи зы хъуэпсапIэ цIыкIу сиIэщ - фортепианэрэ гитарэрэ сеуэу зызгъэсэну».

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: