Чэнджэщ щхьэпэхэр

Черниговская Татьянэ и IэщIагъэкIэ акъылым, щхьэкуцIым, гупсысэм я лэжьэкIэр къэзыхутэ щIэныгъэрылажьэщ. Санкт-Петербург дэт къэрал университетым нейропсихологие, психолингвистикэ хуэдэ предметхэмкIэ щрегъаджэ, тIэунейрэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ: биологиемрэ филологиемкIэ. Илъэс 76-м ит цIыхубзым «жьыми щIэми докIу» жыхуаIэ хьэл зэрыдэплъагъум нэмыщI, уемыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэу, шэрыуэу мэпсалъэ. Зи гугъу ищIхэри къыпфIэIуэхун хуей защIэщ.

«Сэ сызэрегупсысымкIэ, щIэныгъэм (наукэм) и къару мащIэр къигъэсэбэпурэ, Тхьэшхуэм дунейр зэриухуар къыдгуригъаIуэу аращ. Нэхъыбэ пщIэху, дунейр ауэ сытми зэрымыщIэкIэ къэунэхуа гуэру зэрыщымытыр кIуэ пэтми уи фIэщ нэхъ мэхъу», - жеIэ бзылъхугъэ Iущым.

 Нэхъыбэрэ Черниговскэр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэщ щхьэ куцIыр, акъылыр мыхьэнэ зимыIэ къэхъукъащIэхэм, тхылъхэм, узыдэплъей мыхъуну цIыхухэм, фIым укъыхуезымыджэ фильмхэм ящыхъумэн зэрыхуейр.

«КъыпIэрыхьэу хъуам укъеджэ хъунукъым, - жеIэ егъэджакIуэм. – Щхьэ куцIыр кхъузанэкъым, абы къипхъуэтар къыпхуихыжынукъым. Шаурмэ зэкIуэкIа пшхамэ, уи лъатэр Iэмал гуэркIэ пхуэгъэкъэбзэжынущ. Щхьэ куцIым апхуэдэу епщIэ хъуркъым, иплъхьар къызэрипхыжын хущхъуэ щыIэкъым. И кIуэцIым щхъухьым ещхьу псори къонэри, зэрыщыту еуцIэпI. КъыфIэрыхьэу хъуар абы ивмыкуэ. ЦIыху губзыгъэ къыфхэкIыну фыхуеймэ, тхылъ къызэрымыкIуэ феджэ, музыкэ къызэрымыкIуэ федаIуэ, фильм къызэрымыкIуэ феплъ. Гъуэгу тынш къыхэвмых. Фи щхьэ куцIым хуэдэ зыми иIэкъым, ар фхъумэ, пщIэ хуэфщI, зефхьэ».

«Еджэн щIыхуейр уделэ нэхърэ, губзыгъэу ущытмэ зэрынэхъыфIым и закъуэкъым, - дыщрохьэлIэ нэгъуэщI лекцэм. - Ар армырами гурыIуэгъуэщ. Уеджэху, уи щхьэ куцIыр зыхэпсэукI налъэхэм я лэжьэкIэр ибогъэфIакIуэ, ахэр нэхъ лъэщ, нэхъ къарууфIэ уощI. Акъылыр мыхьэнэ зиIэ гуэрым егупсысыху, нейронхэр нэхъ быдэ мэхъу. Иджыпсту зэдауэ куэд зэхыбох: цIыхум акъылыфIагъыр къыдалъхурэ хьэмэ зыхилъхьэрэ, жаIэри. Шэч къытедмыхьэжу дощIэ: цIыху щэджащэу укъамылъхуамэ, гений уэр-уэру ухъуфынукъым. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныр аракъым. Гений ущIэхъун акъылрэ зэхэщIыкIрэ къыбдалъхуауэ, ар пIэщIэкIуэдэжынкIи зэрыхъунуращ бэлыхьыр. Уи адэ-анэр е уи егъэджакIуэхэр набдзэгубдзаплъэу щымытмэ, сыт пщIэнур? Си щхьэкIэ, егъэджакIуэхэм сигу ящIогъупэ. Псалъэм папщIэ, уи классым Моцарт щIэсу къыщIокI. Е Пушкин? ЦIыхушхуэхэм уасэшхуэ щIат къыдалъхуа хэлъэтым. Ахэр адрей цIыхухэм ещхькъым, гъэщIэгъуэну щытщ. Дэ псори зы жыпхъэм итын хуейуэ къыдолъытэри, абыхэм я хьэл къызэрымыкIуэхэр дигу тедгъэхуэфыркъым».

Езым и къэпсэлъэгъуэхэр интернетым уэру щызэIэпахрэ пэт, Черниговскэр жылагъуэ зэпыщIапIэхэм (соцсетхэм) я бийщ. КъыкIэлъыплъын зимыIэ ныбжьыщIэхэр имычэзууэ къаIэрыхьэ щапхъэхэм ягъэкIуэду къыщохъу, акъылэгъу удэмыхъунуи гугъущ.

«Уз зэрыцIалэм хуэдэщ а интернет зэпыщIапIэхэр. Егъэлеяуэ щIалэгъуалэр егъэкIуэд, псом хуэмыдэу, иджыри гъащIэм и пIалъэр зымыгъэунэхуа ныбжьыщIэхэр, - жеIэ Черниговскэм. – Дапхуэдэу ахэр зэрыпсэунур? ЦIыху хуэдэ цIыху ухъуну ухуэмеймэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Жылагъуэ зэпыщIапIэхэр къызэрыунэхурэ, тхыгъэ кIыхьхэм къеджэф студентхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу, Рим щызэфIэува щэнхабзэр, Грецием къыщыхъуа цивилизацэр, а тхыдэ хэIэтыкIа къомыр цIыху цIыкIум къыщIызэринэкIар зэгуэр этикеткэ фIэкIа къемыджэж цIыху къэунэхун папщIэт?»

Бзэ зыбжанэм ирипсалъэ цIыхур адрейхэм зэрефIэкIыр къыхигъэщ зэпытщ Черниговскэм. «Зы бзэ нэхърэ нэхъыбэ зыщIэ цIыхур зы бзэ фIэкIа зымыщIэм йофIэкI. Акъылым зиужьын папщIэ, бзэщIэ зэбгъэщIэным щхьэпагъышхуэ хэлъщ. Абы и фIыгъэкIэ «Альцгеймер и узым» (щыгъупщэх узыщIым) щыхъума нэхъ ухъунущ».

Иджыри зы чэнджэщ щхьэпэ: «ЦIыху куэд я гъащIэр пцIырыпцIым ещхьу мэпсэу, иужькIэ къратхыкIыжыну загъэхьэзыр нэхъей. ГъащIэм уи анэм и ныбэм узэрырищIэу къыщIедзэ, ар зыщывмыгъэгъупщэ. А зыращ уиIэнур. ИужькIэ ар зэрыпхъуэжын Iэмал къыкъуэкIыжынукъым».

Шэч хэлъкъым дэри зи чэнджэщ уедаIуэ хъуну апхуэдэ нэхъыжьхэр зэрыдиIэм. Ди мащIэр ахэр утыкум къизыхьэфхэрщ, абыхэм мыхьэнэ езытыфхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «адыгэ интернетым» зэкIэ зытригъащIэр ауанымрэ гушыIэмрэщ. Зэгъусэу хэкIыпIэ гуэр къытхуэмыгъуэтыну пIэрэ?!

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: