Гущэхэпхэ

Сабийм и бынжэ цIыкIур гъууэ къыпыхужа нэужь гущэхэпхэ хуащI. Мыбы кърихьэлIэ хабзэри, езыгъэкIуэкIри бзылъхугъэхэрщ. Гущэхэпхэр сыт щыгъуи здащIыр щIалэм и унагъуэрщ.

Гущэхэпхэм кърихьэлIэ дэтхэнэми сабийм и нэкIум иубгъуа щэкI хъарыр иIэтурэ абы йоплъ. Ауэ сабийм зэрыщытхъуа, зэрыщыгуфIыкIам щхьэкIэ, щIегъуэжа хуэдэ дэтхэнэми щIигъужын хуейщ: «Пу, Iеижь цIыкIу, плъагъуркъэ, ар дзыгъуэм егъэдыхьэшх». Адыгэхэм зэралъытэмкIэ, нэ бзаджэр нэхъ зыхуэлъэр нэхъ сабий дахэ, нэхъ сабий узыншэхэрщ. Абы къыхэкIыу, ягъэшынэ хуэдэу защIмэ, нэ бзаджэр къагъапцIэу, ар къафIэмыIуэхуж хъууэ къащохъу. Дзыгъуэм ещхьыр, хьэмэрэ хьэндыркъуакъуэм ирагъэщхьар нэ бзаджэм зэрищIын щыIэкъым. Абы щхьэкIэ, сабийм и натIэм деж е и нэкIум кIэгъуасэ тIэкIу щахуэ, е и щхьэкупцIапцIэм хуэзэу тIатIийм хагъапщIэ.

Сабийм щхьэкIэ ящIэ псоми мыхьэнэшхуэ дыдэ яIэщ, абы гущэр къызыхащIыкI пхъэ нэгъунэ къызэрыхахыр хэту. Гущэр къыхащIыкI пхъэ угъурлыуэ ялъытэм: бжейм, жыгейм, уэздыгъейм, кIейм, кхъужьейм. Ауэ, псом нэхърэ нэхъыфIу ябжыр хьэмкIутIейм къыхэщIыкIа гущэрщ.

Гущэ ящIыну къагъэхьэзыра хьэмкIутIей пхъэр псым зэпрыпх мыхъуну ялъытэрт. Гущэ хьэзырыр зэпрыпхми къызэпрыпхыжми ягъэ кIынутэкъым, мыхъунур гущэ къызыхащIыкIыну пхъэрщ. Абы къыхэкIыу, гущэр зыхуащIыну сабийр щапI унэмрэ хьэмкIутIейр здит щIыпIэмрэ я зэхуакум псы дэмыжу къагъуэтырт е гущэр апхуэдэу ягъуэт къуажэ гуэрым щащIырт, хьэзыр хъуа иужькIэ къахьыжырт. Арат хабзэр.

Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, адыгэхэм гущэм халъхьэртэкъым икIи ирагъэIусэртэкъым бэрэжьей жыгым щыщ хэкI. ЦIыху насыпыншэм, щIэщхъу куэд къызыщыщIым щхьэкIэ жаIэу щытащ: «Бэрэжьей гущэ ирапIыкIами ярейти».

Сабийм и гущапIэр щащIкIэ абы бзаджэнаджэ бгъэдимыгъэхьэн щхьэкIэ уэншэку щIагъым къамэдзэ е гъущI кIапэ щIадз, гущэкъум дыуэ цIыкIу фIащIэ. Ахэр сабийм и узыншагъэм сэбэп хуэхъуну аращ, бзаджэнаджэм зэрыщахъумэм и гъусэу.

Зэрыхабзэщи, сабийр япэу гущэм хэзыпхэр цIыхубз тэмакъкIыхь, сабий узыншэ, щэныфIэ, куэд зыпIа, цIыху насыпыфIэу, анэ махуэу ябжырщ. Гущэм и пIэщхьагъыр псы къежьапIэмкIэ е а щIыпIэм ипщэу ялъытэмкIэ щыIэу гъэувын хуейщ. Япэу джэду хапхэ хуэдэу защIри, итIанэщ, сабийр къыщащтэр, абы и анэри яхэту нысащIэхэр нэхъ гъунэгъуу къагъэув, цIыхубзым зэрыхипхэр хуиту ялъэгъун папщIэ.

Абы и ужькIэ сабийр хэзыпхэм щабэу: «Быдзышэ жей нокIуэрэ!» - жеIэри гущапIэм хегъэгъуалъхьэ. Мыбдеж къыщыщIэдзауэ, сыт ирищIэнуми, дауэ ищIынуми иригъэлъагъуурэ нысэм жреIэ, адрей псоми зэхахыу. Сабий хэпхэкIэми Iэмал куэд иIэщ: и пIэщхьагъыр лъахъшащэ пщIырэ абы есэмэ, щхьэдэгъэзей-щхьэукъ хъунущ, пIэщхьагъыр лъагащэми хъунукъым – и щхьэр щIиIуу, иригухыу хъунущ. Сабийм и гущэ хъыданхэр епшэкIын ипэкIэ и Iэхэр къэбукъуэдиищэмэ, ар дамэ гуэлэл, пщэ кIыхь хъунущ, и IитIыр кIэщIэбгъауэмэ, - пщагуэу, дамэдууэ къэнэнущ. Сабийм и лъакъуитIыр зэпкъузылIащэмэ, ар лъэгуажьэ кIэнауэ хъунущ; щыппхэкIэ къэбгъэтIэсхъащэмэ – лъакъуэ Iушэ ищIынущ. Ахэр къемыхъулIэн папщIэ, сабийм и лъакъуэ зэхуакум плIащIэу зэкIуэцIылъхьа хъыдан щабэ далъхьэри, быдэу япхэ.

Хуэсакъыпхъэщ, сабийм и лъэтхьэмпэ цIыкIухэми я щытыкIэм. Ари куэдкIэ гущэ хэпхэкIэм елъытащ. Лъэтхьэмпэр укъуэдиярэ шэщIауэ хэппхамэ, лъэгудыгъуэхэр куу мэхъу. Ахэр дэтхэнэ нысащIэми ищIэн хуей Iуэхущ. Мыхэр лIэужь щэ бжыгъэкIэ ягъэунэхуа Iэмал, гу лъумытэу къэбгъанэ хъунукъым.

Гущэхэпхэм ехьэлIа хабзэхэр зэфIэкIа нэужь, абы хэта псоми Iэнэ къыхуащтэ. Сабиймрэ анэмрэ узыншагъэ быдэ яIэну йохъуэхъу.

Хэти и гуапэ хъу IуэхуфIщ иджы, телевиденэр къагъэсэбурэ, а лъэпкъ хабзэ хъарзынэхэр щэнгъуазэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм, утыкуакIуэхэм ягъэзащIэу къызэрагъэлъагъуэр, цIыхубэм зэрыхахьэжыр. Ар ди къэкIуэнум фIыкIэ хуэлажьэ Iуэхущи, хэти хузэфIэкI абы хилъхьапхъэщ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

 

Поделиться: