Драматург цIэрыIуэ

Зауэ нэужь илъэсхэм къэбэрдей драматургием и къарум нэхъри зыкъызэкъуихащ. Абы къыщIэхъуащ щIэблэ гуащIафIэ. Ди драматургием и зэхэублакIуэхэм ябгъурыуващ зи къалэмыр жан, темэщIэхэм тегушхуауэ зезыпщытыфа драматург щIалэ гуп. А гупым къыхэжаныкIахэм ящыщщ зи цIэр жыжьэ Iуа «Дахэнагъуэ» пьесэр зи къалэмыпэм къыщIэкIа Акъсырэ Залымхъан. Абы и пьесэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Пасэрей адыгэ таурыхъыр лъабжьэ хуэхъуащ «Дахэнагъуэм»; адыгэ тхыдэм къыпкърыкIащ «Къызбрунри» «ИстамбылакIуэри»; апхуэдэ хэкIыпIэ иIэщ «Лашынми».

Акъсырэ Залымхъан 1919 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Сабий ныбжьым иту, Залымхъан и нэгу щIэкIащ псэукIэщIэм и япэ лъэбакъуэхэр. Псыгуэнсу къуажэ школым илъэсиблкIэ щеджа нэужь, щIэныгъэм дихьэха щIалэ гурыхуэр хэкум и къалащхьэм – Налшык дэт Ленинскэ еджапIэм щIотIысхьэ. Мы еджапIэм ар нэIуасэ щыхуохъу дунеищIэм, псэукIэщIэм, культурэщIэм я ухуакIуэ щIалэхэм. Залымхъан хохьэ еджапIэ цIэрыIуэм къыщызэрагъэпэща самодеятельнэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм. Псом хуэмыдэжу ар дэзыхьэхыр драматическэ кружокырщ. Абы апхуэдизкIэ дехьэхри, Залымхъан зыхуеджэ дохутыр IэщIагъэр имыхъуэжын лъэкIыркъым. А щIыкIэм тету ар къахохутэ колхоз-совхоз театрым (нобэрей Къэбэрдей-Балъкъэр драмтеатрыр къызытепщIыкIыжам) и студием щеджэ артист щIалэхэм. Ар абы щеджэ къудейкъым – зэреджэм хуэдэурэ, театрым игъэув спектаклхэм роль зэмылIэужьыгъуэхэр щегъэзащIэ. Театральнэ искусствэм дихьэха щIалэм, лэжьыгъэмрэ тхылъхэмрэ къащыдэхуэм деж, къалэмыр къещтэ, итIани, и къарумрэ щIэныгъэмрэ къызэремэщIэкIыр зыделъагъужри, щыхущIыхьэ сыхьэтхэм итха мащIэри мафIэм пэредзэж… «Сэ сызэщIаубыдат Гоголь Н., Островский А. сымэ къагъэщIа образ телъыджэхэм, сыкъытричырт абыхэм запэсщIыжыну. Садэплъеину, – игу къегъэкIыж драматургым. – Абы щыгъуэ си пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым сызытхьэкъуа искусствэм апхуэдиз гугъуехь пылъу. Сэ къысфIэщIырт дэтхэнэ темэри напIэзыпIэм зэпкърызудыфыну… АрщхьэкIэ сыщыуауэ къыщIэкIащ. Къалэмыр къэсщтэн и пэ, абы хуэфащэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтын хуейт».
1948 гъэ пщIондэ щылэжьащ Акъсырэр театрым. Артисту здэлажьэм, ар щыгъуазэ хъуащ театральнэ искусствэм, драматическэ литературэм я «щэхухэм». Абы куууэ иджащ урыс, советскэ драматург цIэрыIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ хьэлэмэтхэр, фIыуэ щыгъуазэ хъуащ и къару псори и гъащIэри зрита IэщIагъэ телъыджэм и хабзэхэм.
1950 гъэм Акъсырэр щIотIысхьэ Горькэм М. и цIэр зезыхьэ Литературнэ институтым. Абы ирихьэлIэу драматург щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIат пьесэ зыбжанэ. ЦIэрыIуэ хъуа «Дахэнагъуэри» сценэм къихьакIэт, нэгъуэщI тхыгъэхэри дунейм къытехьат. Литинститутым зэрыщIэсар куэдкIэ сэбэп къыхуэхъуащ драматургым: абы нэхъри IупщI щыхъуащ зэувэлIа IэнатIэр зэрымытыншыр, уи гур зытхьэкъуа искусствэм махуэл пщIыуэ къызэрыпхуимыдэнур.
И узыншагъэр щызэIыхьэм, Акъсырэм еджэныр пIалъэкIэ зэпигъэун хуей мэхъури, къегъэзэж, нэхъ иужьыIуэкIэ республиканскэ газетым («Къэбэрдей пэж») и лэжьакIуэщ. Газетым зэрыщыIа илъэсхэм драматургыр гъащIэм, цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм нэхъри благъэ яхуохъу, и къалэмым нэхъри зеузэщI, темэщIэхэм зрепщыт, абыхэм зэпкърыхыкIэщIэхэр къахуегъуэт. Сыт хуэдэ IэнатIэ бгъэдэувами, драматургыр зы махуи и къару еблакъым, дзыхь къыхуащI лэжьыгъэр зэфIэгъэкIыныр къалэн псоми я щхьэу илъытащ.
Пасэу тхэн щIидзащ Акъсырэм. «1936 гъэм си зы усэ цIыкIу газетым къытехуэгъащ, – жиIэжырт Залымхъан. – Абы щыгъуэ илъэс пщыкIубл ныбжьым ситт. ИужькIи стхащ усэ зыбжанэ, уеблэмэ поэмэшхуэ гуэри…» Зауэм и пэкIэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIыгъащ «Хьэмидрэ Казимрэ» драмэр. Езы тхакIуэм зэрызиумысыжымкIэ, ар драматургием пэжыжьэт, абыкIэ иIуэтэну зыхэт гупсысэр езы дыдэм дежкIи IупщIтэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а пьесэр сценэм нэсакъым, и Iэрытхри зауэм и зэманым кIуэдащ. Абы кIэлъыкIуэу Акъсырэм етх «Гъавэм папщIэ» пьесэр. Бийхэм гъавэр ящызыгъэпщкIу, зэрыпхъакIуэхэм бэнэныгъэ гуащIэ езыщIылIа цIыху лъэщхэм ятеухуат ар.
Акъсырэм драматургическэ талант гъуэзэджэ зэрыбгъэдэлъым япэ дыдэ щыхьэт техъуар «Дахэнагъуэщ». Зауэ нэужьым къызэфIэувэжа къэбэрдей театрым япэ лъэбакъуэр зэричыжар а пьесэмкIэщ. Абы ипкъ иткIэ ягъэува спектаклым и премьерэр 1944 гъэм ягъэлъэгъуауэ щытащ. Спектаклыр тIэу-щэ щамыгъэлъэгъуа адыгэ къуажэ къинэжатэкъым ди республикэм. 1957 гъэм пщIондэ сценэм икIакъым «Дахэнагъуэр». А гъэм ар щагъэлъэгъуащ Москваи – Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьрэ илъэс 400 щрикъум и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр литературэмрэ искусствэмрэ я декадэ щекIуэкIа махуэхэм.
1945 гъэм дунейм къытехьащ «Дыгъэр къыщыщIэкIым» пьесэр. Абы иужькIэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, Акъсырэм итхащ «Лашын» драмэр. 
Тхыдэм и кIуэцIкIэ цIыхубэм нэхърэ нэхъ къаруушхуэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур, абы и гъуэгуанэр бэнэныгъэ гуащIэм къызэрыкIуэцIрыкIыр, ар къэзыгъэдзыхэфын къулейсызыгъэ зэрыщымыIэр икъукIэ IупщIу къыщигъэлъэгуащ Акъсырэм и «Къызбрун» пьесэм (1956 гъ.). Адыгэхэм къатепсыхауэ щыта гукъутэгъуэшхуэм – адыгэ мин Iэджэм я хэкур хыфIрагъэдзауэ зэрыщытам – теухуащ «ИстамбылакIуэ» драмэр.
Акъсырэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ нэгъуэщI пьесэ зыбжани: «Дахэлинэ и пщIыхьэпIэ», «ФIыгъуэрэ мыгъуэрэ», «МафIэм хисхьа лъагъуныгъэ», «Хэт зи ягъэр?», нэгъуэщIхэри.
 

 

Къартул Хьисэ.
Поделиться: