Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щагъэгъуазэНыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ «В огне Курской битвы» выставкэр. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъеджэхэм хуагъэхьэзыра дапхъэм телъщ Курск деж щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм теухуа художественнэ, документальнэ тхыгъэхэр. - Хэкум, тхыдэм теухуа Iуэхухэм зэпымыууэ гулъытэ худощI. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр тхыдэм и пэжым щыгъэгъуэзэнымкIэ. Гъэ еджэгъуэщIэр зэрыщIидзэу, Налшык къалэм и курыт еджапIэ дызыдэлажьэхэм дыкIуэнущ. КъинэмыщIауэ, даIущIэнущ IэнатIэ Iут щIалэгъуалэм я пщыхьэщхьэ школым екIуалIэхэм, «Кавказ» санаторэм зыщызыгъэпсэхухэм, - жеIэ библиотекэм и методист Парзиевэ Мирэ. – Мы IуэхущIапIэхэм махуэшхуэхэм теухуа зэхыхьэхэр щыдогъэкIуэкI, уеблэмэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэми зэпыдмыгъэууэ. Библиотекэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъым зэпымыууэ хагъахъуэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыщIэупщIэнкIэ хъунур яIэн щхьэкIэ. Выставкэм халъхьа тхылъхэм ящыщщ Замулин Валерэ и «Засекреченная Курская битва», Уэлджыр Хьэжпагуэ итха «Солдат чести и достоинства» жыхуиIэр, нэгъуэщIхэри. «Школ библиотекэ» Iыхьэм хагъэхьащ зауэм теухуа тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|