«Адыгэм и ныбэр егъэныкъуэри, и шым и ныбэр екъу»

Урысейм каратэмкIэ и гуп къыхэхам хэт, а спорт лIэужьыгъуэм зэрысабийрэ ехъулIэныгъэшхуэхэр къыщызыхь Чыржын Луизэ къызэрыщIидзар атлетикэ псынщIэрат. ЩIыналъэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэр къыщихьу иригъэжьами, а Iуэхур унагъуэм къыщыдамыIыгъыу (и адэшхуэм къищынэмыщIа), пIалъэкIэ ар къигъэнэжын хуей хъуат. ИужькIэ, илъэс 16 хъуа нэужь, аргуэру зэ тегушхуэжри, спортым хыхьэжащ - каратэр къыхихри.

Чыржыным Налшык спорт IуэхущIапIэм и гъэсакIуэ Думэныщ Мурат деж зыщегъасэ. Уеблэмэ и гъэсакIуэр зэи имыхъуэжауэ долажьэ. 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсищ зэкIэлъыпытым Урысейм, КИФЩI-м, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щрагъэкIуэкIа зэпеуэхэм ар мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ, спортым и мастерым и кандидатщ. 2021 гъэм Москва къалэм каратэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэми япэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ. 

Спорт и лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым и мурадхэр теухуащ етIанэгъэ  и дыгъэгъазэм Японием каратэмкIэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым зэрызыхуигъэхьэзырымрэ спортсмен ныбжьыщIэхэр игъасэу зэтриублэнымрэ. Абы къыдэкIуэу, хъыджэбзыр мазэ зыбжанэ хъуауэ щолажьэ  сабийхэм деж къыщыщIэдзауэ шы тесыкIэм щыхуагъасэ, гупыж зыщIхэм мэзхэм, бгыхэм шууэ зыщрагъэплъыхь «Horse KBR» IуэхущIапIэм (Налшык къалэм). Къапщтэмэ, ар езыр зэрыцIыкIури шым тесщ. Я гъунэгъу щIалэм адыгэш зэрихуэрти, абы щыгъуэм а псэущхьэм дихьэхауэ…

Луизэ и теплъэкIэ хъыджэбз гъур цIыкIуми, хуумыгъэфэщэну къарууфIэщ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр шым зэрытесыпхъэр Iэдэбу зэрагуригъаIуэм къыдэкIуэу, шым уанэр телъхьэнми зэщIэкъузэнми ар хуэIэкIуэлъакIуэщ, дэтхэнэ шыми бзэ къыхуегъуэт.

Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, цIыхухэми хуэдэу, шыхэми хьэл зырыз яIэщ: хэти нэхъ бзаджэщ, хэти зэпIэзэрытщ, къуейщIеи къахокI.

- Шым ущепсалъэкIэ, ущытескIэ гупсэхугъуэ зыхыбощIэ, зыбогъэпсэху, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми нэгъуэщI Iуэхухэр пщогъупщэ. НэгъуэщIу сщIэркъым къызэрысIуэтэнур шыхэм ехьэлIауэ сиIэ гупсысэр, - жеIэ ди псэлъэгъум. - Иджыпсту сызыпэрыхьа лэжьыгъэр къохъулIэн папщIэ, дауи, шыр фIыуэ плъагъуныр мащIэщ. Абыхэм я хьэлхэр зэбгъащIэу уагурыIуэфын хуейщ. Шым и плъэкIэм, зыщIыкIэм набдзэгубдзаплъэу укIэлъыплъмэ, ар зыхуейр къыбгуроIуэ. Абы щыгъуэщ шумрэ шымрэ зы щыхъур. ЛэжьапIэм сыкъыщыувым, псом япэу аращ сызыщигъэгъуэзар  мы шыхэр зыгъасэ Къазий Батыр. Абы сыкIэлъоплъри, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуиIэщ, зэпIэзэрыту егъасэ, икIи, гу зэрылъыстамкIэ, зэи еуэркъым, тэмакъкIыхьу хуэмурэ ядолажьэ. Мы Iуэхур икIи жэуаплыныгъэ зыпылъщ жысIэмэ, езгъэлейркъым. Сыту жыпIэмэ, махуэ къэс цIыхухэр шым тыдогъэтIысхьэри къыдошэкI, абыхэм я шынагъуэншагъэм дыкIэлъоплъ. Ди деж къокIуэ Iуэхум хэзыщIыкIхэри шым зэи темысахэри. Ауэ, фэ езым зэрыфлъэгъуащи, дишхэм зэи дыкъагъэщIэхъуркъым, ахэр гъэсащ. Пэжыр жысIэнщи, лэжьыгъэ хуэдэу щытми, шыхэр зэрысфIэфIым щхьэкIэ мыбдеж зыщызогъэпсэху.

Шым сыт хуэдизу зумыгъасэми, ар псэущхьэщ, убэлэрыгъамэ, зэрызищIынкIэ хъунури къыпхуэщIэнукъым. Абы дыщыщIэупщIэм, хъыджэбзым къыджиIащ: «Шыр шэщым щIэтыIуамэ, и къару зэхуихьэсар здихьын къилъыхъуэу щIидзэ хабзэщ,  къомыдэIуэжу къыщижыхьи къохъу. Апхуэдэу лэжьэн щIэздзауэ, зы тхьэмахуитI хуэдэ дэкIауэ арагъэнт, сыхьэтищым тещIыхьа зекIуэ цIыхухэр етшэжьат. Арати, «Бурак» къыщIидзащ дэлъейуэ, нэхъ псынщIэу къижыхьыну, джэгуну хуейуэ. Абы зыхуэзгъэбзаджэу сехъурджэуащ «узыкIынущ», жыхуэсIэ щIыкIэу си Iэпэр щыхуэзгъэдалъэм, фи фIэщ зэрыхъун, асыхьэту сабырыжащ. Шумрэ шымрэ псалъэншэу зэрыщIэрт щIыжаIэр апхуэдэ гуэру къыщIэкIынщ. Мыбы сыкъызэрыкIуэрэ, адыгэшым и тхыдэм, къапщтэмэ, шыр зэрагъэхъуу щытам теухуауэ нэхъыбэ къэсщIэну сыхуейуэ сыхъуащ. Псалъэм папщIэ, гъэщIэгъуэнтэкъэ, шыр зейр зауэ губгъуэм къринэу ежьэжу зэрыщымытар! Къапщтэмэ, адыгэхэр псэзэпылъхьэпIэ ихуами, я шым папщIэ езыхэми зрагъэукIыфынут. «Адыгэм и ныбэр егъэныкъуэри, и шым и ныбэр екъу» псалъэжьым хуэдэхэм куэд къыбгурагъаIуэ».

Шыхэм я гугъу щищIкIэ, Чыржыным абыхэми гугъэшхуэхэр ирепх: шыгъажэхэм хэтыну зыхуигъэсэну щIохъуэпс. Ди гуапэщ хъыджэбзым и мурадхэр къехъулIэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться: