Кърымым и хьэщIахэрКърымым щекIуэкIа «Таврида. АРТ» етхуанэ щIалэгъуалэ музыкэ фестивалым зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и музыкант Бэджыдэ Мухьэмэд (BEGIDOV). Бэджыдэ Мухьэмэд езым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр игъэзэщIащ икIи ар хэтащ «VK музыкой» «Квартирни», «Таврида» зэхыхьэхэр къызэзыгъэпэщхэм ящIа «Навстречу фестивалю» пшыхьым. - «Таврида» фестивалым сызэрыхэтар гукъинэж сщыхъуащ. Iуэху бгъэдыхьэкIэ, щIэ куэд абы къызэрыщысщIар уасэншэщ. Ныбжьэгъу куэд сыщиIэ хъуащ, си лэжьыгъэм теухуауэ къысхуэщхьэпэн куэд щызэхэсхащ. Фестивалым зэхуишэсащ къэралым и щIыналъэ 87-м щыщ художник, тхакIуэ, музыкант, актёр, дизайнер, режиссёр, къэфакIуэ, нэгъуэщI IэщIагъэлI 3500-м щIигъу. Абыхэм папщIэ ут зэмылIэужьыгъуэхэр лэжьащ: гъуазджэ, кино, музыкэ, «Арт.Молодость» бэзэрыр, «Наука и искусство» фестивалыр. КъищынэмыщIауэ, абы хыхьэу къызэIуахащ «АРТ-ЭКСПО» иджырей выставкэ центрыр. Утыку нэхъыщхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ урыс артист цIэрыIуэхэу SHAMAN, Дмитриенкэ Ваня, MIA BOYKA, RAMIL, Свик Лёшэ, ST, Сай Анет, Фомин Митя, нэгъуэщIхэми. Фестивалым и хьэщIащ Лепс Григорийрэ Расторгуев Николайрэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|